среда, 31 декабря 2008 г.

Илъэсыщ1э Хъуэхъу

Гукъеуэ зи гъащIэм хэмыт цIыху щыIэкъым, ауэ мы илъэсыщIэ дызытехьэм дэтхэнэ зыми сехъуэхъуну сыхуейщ гукъеуэрэ гузэвэгъуэу и нэгу щIэкIынур, псы ткIуэпсыр хышхуэм зэрыхэкIуадэм хуэдэу, и гъащIэ гуфIэгъуэм ахэр хэкIуэдэну.
Ди нэхъыжьхэр ди жьантIэу,
Ди хъыджэбзхэр бгы лантIэу.
Хэхъуэр ди натIэу,
ТIэу къэзышэ димыIэу.
ДиIэр дгъэлъапIэу,
Ди пIэ нэщI мыхъуу.
Хъуныр нэхъыбэу,
Бэр ди нэбжьэгъуу.
Гъугъу дыщымыщтэу,
Пхъу ямыщтэ димыIэу.
Ди Iэгу ди Iэнэу,
Iэнэм быныр бгъэдэзу.
Ди гуэн шхын изу,
Узыр ди мащ1эу,
Алыхьышхуэм илъэс угъурлы тхуищIыну сохъуахъуэ!

2 комментария:

adygareview комментирует...

Amin

Tembot комментирует...

Хъуэхъур зи 1эдакъэщ1эк1ыр зы егъэджак1уэ гуэрщ сыщымыуэм, зыщ1ып1э щыслъэгъуати, си напэм тесхауэ аращ.