четверг, 2 апреля 2009 г.

Гъэрэ Щ1ырэ...

Лэжьап1э дэк1уеип1эхэм сехыурэ сегупсысырт: "Хуэмурэ хьэуа щ1ы1эты1эм сыхэту сык1уэжынщ, махуэ псом щхьэ дэхьеигъуэ дымыгъуэту, долажьэр. Ди щхьэр зэк1уэк1ыным нэсащ", жыс1эу. Унэ лъащ1эм сыщыщ1эк1ам къызгуры1уат, зыщ1ып1и сызэрымык1уэнур... уэшхым жьы щ1эту къешхырт. Уи лъабжьэм уэс щ1элъу, уи щхьэм уэшх къытешхэу лъэсу дэнэ ук1уэжынт?! Лэжьап1эм я гум сит1ысхьэри унэм хуэзунэт1ащ. Зэманыр ягъэк1уэтами, уафэр уфат, дунейр щ1ы1эт, к1ыф1т. Гум и абджым къытелъадэ уэшх тк1уэпсхэм сеплъырт, зэзгъэщхьынур сымыщ1эу. Ит1анэ сегупсысы1уэри, къызгуры1уащ ар нэпс тк1уэпсым зэрещхьыр...
Унэм сынэсыжащ. Шхыныр хуабэу, унэр къабзэу, срагъэблэгъэжащ. Арати, дуней уфар занщ1эу 1эщ1ыб сщ1ыжа хъуащ. Аурэ жэщри хэк1уэтат, псори гъуэлъыжат, сэ лэжьыгъэ 1уэхук1э сымыгъуэлъыжу сыкъэна хъуат. Уэшхыр пщэгъубжэм къытеуэу, абы и макъым сыщ1эдэ1ук1ыу сылажьэурэ, зэуэ дуней къутэж къэхъуащ. Жьыр жыгхэм жьыхэфыщ1ыхьырт, уэшх тк1уэпсхэр зэбгридзырт, пэшыбжэхэр иридзыл1эрт, жьы зэпеуэ хъуат. Си гугъэт унащхьэр трихыу, унэм уэшхыр къишхэну, гужьеигъуэт к1эщ1у жып1эмэ.
Нэху дыкъек1ащ уэсыр къесу. 1эрамэшхуэурэ, бэлацэу, хуэмэ ц1ык1уу, щхьэхынэу щ1ым тегъуалъхьэрт. Уафэр зыщ1ып1э дежи нэхущ, зыщ1ып1э дежи уфат, адрей лъэныкъуэмк1и уеплъыпэм т1ури зэхэтт. Ар згъэщ1агъуэу щхьэгъубжэм сыдэплъу сыздэщытым, зэуэзэпсэу дыгъэр пшэм къыпхырыпщри, пэшыр къигъэнэхуащ, нап1эзып1э дэхьеигъуэ ф1эк1 блэмык1ыу, дыгъэ щы1ауэ умыщ1эну аргуэру дунейр къыз1ууэжащ. Мыдэ сабий зи жагъуэ зыщ1ам ещхьыу.... Апхуэдэурэ дыгъэр, уэсыр, уэшхыр куэдрэ зэдэуащ, ик1эм ик1эжым иджы соплъэри солъагъур дыгъэ ц1ык1ур джэгуу уафэджабэм исщ.
Нобэу п1эрэт-т1э гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 махуэр?!

1 комментарий:

Shrks Li комментирует...

Дахэщ))