суббота, 16 мая 2009 г.

Щхьэ упсахэр...

Нобэ си ц1ыхугъэ гуэр сы1ущ1ати, хъыбар мыщ1агъуэ сыкъригъэдэ1уащ. Мы мазэм ипэм адыгэ щ1алит1 щхьэ упсахэм я1ущ1эу, зыр абыхэм яук1ауэ къызжи1ащ. Ц1ыху 15 хъууэ щытауэ жа1эр, абыхэм псэууэ къахэк1ари... Хьэмэрэ а хьэбыршыбырхэм я1эщ1эк1уэда тхьэмыщк1эр-щэ? Гъащ1эм хыхьэу, ц1ыхум я ф1ы къэзылъыхъуэнухэм хэта щ1алэм и гъащ1эр к1эщ1 дыдэ хъуащ. Ар зыхуашэжа анэ тхьэмыщк1эри... Псоми ди быныр нэхъыф1 щыхуэзэнущ жа1эри, мы къалэжьым я сабийхэр къаут1ыпщыр, ауэ зыми ищ1эркъым, псэууэ ек1уэл1эжынуми?! Сыт ди 1эмал, дауэ едгъэпшыныжын апхуэдэхэм ящ1а 1уэхугъуэр? Хэти пэлъэщыну? Къысщохъур, ди къэрэгъулхэм а щхьэ упсахэм я 1уэху лъэпкъ зрамыхуэу. Жа1э хъунщ: "Зы "ф1ыц1эк1э" нэхъ мащ1э хъуащ". Иджыпсту а щхьэ пц1анэжь гупым я зыхэз яук1мэ, дунейм тетыр къытхужа1энущ, щ1ащык1ынущ псори... И к1эм и к1эжым, зыгуэр къаубыдынщи, лажьи-хъати имы1эу тебгуэ хъунур трагуэнщи, хьэпсым ирадзэнщ.
Зыми и ажалыр здэщы1эр ищ1эркъым, ауэ апхуэдэ ажал Алыхьым къыдимыт, зи п1эщхьагъым зи ажалыр телъ ц1ыху Алыхьым дищ1.

4 комментария:

Shrks Li комментирует...

Щхьэ упсахэр ф1эк1 дымылъагъуу дымыхъуатэмэ.
А хъыбарыр къытек1ын хъуныр зы щ1алэм и псалъэхаращ, нэгъуэщ1 зыри дымыщ1эу дыхьэзырщ мы дунейм тетыр хужыт1эну.
Зыгуэр къэхъумэ - дыхьэзырщ щхьэ упсахэри милицэри, властыри Урысейр зэрыщытыри я гъусэу,я пщэм дэтлъхьэн. Ауэ ди адыгэ мылицэри нэхъыф1? Ди дежк1э къэк1уа ц1ыхур хуэзэнукъэ шынагъуэ гуэр ди уэрамхэм дэтурэ?
Тут Заур яубэрэжьам щхьэ къэтщ1эри занщ1эу "скинхэдхэ" жыт1ащ. Зэрыминистрым щхьэ мылицэ 1уэхум щхьэ и ужь зэрыхуейм хуэдэу ихьауэ псынщ1эу къагъуэтащ - щхьэ упсахэкъым, ауэ местный гуп гуэр, пиво зэрафэу щытахэр. Апхуэдэхэм хуэзэурэ зэщыхьэурэ мызэ-мыт1эу хэк1уадащ ди щ1алэхэм, район соответствующие щапсэурэ. Ауэ кавказцхэм нэхърэ нэхъ езы урысхэм я проблемэщ мыпхуэдэ щытык1эр.
Тхьэм и шыкурк1э, Москвам деж щ1эхыу пхуэзэ кавказ щ1алэ хулиган хупхэм дыдейхэр куэд яхэткъым. Ауэ мес илъэс зыбжанэ дяпэк1э Бытырбыхум зы общага гуэр пэмыжыжьэу ефа адыгэ гупыр, скинхэд хэузауэ я гугъэщи, олимпийский чемпион по плаванию Нелюбин зэраук1ауэ жа1э. "Иджыри зы кавказец скинхэдхэ яук1ащ" жра1эну хьэзыр СМИри Нелюбиным щхьэи апхуэдэу дыдэри хъыбар зэбгрыхуэхьащ.Урысхэм яужэгъуэну. Ахэри жра1э - мылицэ дыхъумэркъым, каказцхэм я беспределыр пэувы1эркъым.
Иги езы къэбэрдейхэр апхуэдэ 1уэхухэм я ужь ямыту, Адыгейм и л1ык1уэщ1ап1эри РКНК и оперативнэ штаб хуэдэхэра кавказцхэм я проблемэхэр, къыщыщ1ахэм щхьэ 1уэху зэрахуэ. Дыгъуасэ ди щ1алэгъуалэ гупыр несанкционированнэ митинг щхьэ мылицэ къраубыдауэ Шамиль Оманов из РКНК телефонк1э къеуам щхьэ мылицэ 1эдэб ц1ык1уу дыдэу хущытат. Ящ1э - зыгуэр мытэмэму ягъэзэщ1эу щытмэ РКНК я унафэщ1хэм жри1энущи я фэр трахынщ ит1анэ.

А псори зи гугъу сщ1ыр сыппэпсэлъэжыну аракъым - жеп1ар псори содэ. Сэри си гу къоуэ мы лажьэ къомыр. Ауэ ди проблемэхэр т1ум хэсщ: ди щытык1эмрэ Урысей и щытык1эмрэ. Сэ си гугъэмк1э, Урысей и щытык1эмрэ дыдей и щытык1эмрэ нэхъыф1 хъуным щхьэ зэуэ хуэдлэжьэн хуейщ, нэгъуjavascript:void(0)эщк1э хъунукъым.
Упсэу, си гуапэщ уи блогыр зэрыхыф1умыдзэр))

Tembot комментирует...

Сэ тэрэзу сощ1эр, хэт ар ищ1ами, аращ си тхыгъэм "щхьэу упса" щ1ыф1эсщар. Ар зыщ. ет1уанэрауэ, сэ ди щ1алэгъуалэ ефэ-ешхэу, хьэбэршыбыру дэтым и щытык1эри згъэтэмэмкъым, ик1и езыр щыхьэт сытехъуащ, абы ящ1эфынумрэ, къуапэсыфынумрэ...
Ауэ псом нэхърэ нэхъ сигу щ1ыхьар, абыхэм я1эщ1экуэдар дохутыр гъуэзэджэ хъунк1э куэдыр зыщыгугъ, ц1ыху куэдым сэбэп хуэхъуфын щ1алэр....

Shrks Li комментирует...

Ахърэт махуэ Тхьэм кърит.
"Тэрэзу сощ1эр" жып1ати - умылъэгъуауэ п1эрэ? Иджыри къэс а ш1эху зэрыхъуа хуэдэм щхьэ хъыбар къыздик1ари-зыкъытек1ари сымыщ1э, зыук1а щ1алэм и благъэхэ я лъэныкъуэмк1э къик1ауэ нэгъуэщ1 дыдэ версиер зэхэсхащ

Shrks Li комментирует...

Къызэрысщ1амк1э, щхьэ упсахэракъым а щ1алэр зэраук1ахэр ауэ район дэс ц1ыхухъу балигъхэм я гупырщ.
Езы щ1алэ л1ыгъэри адыгагъэри зрихьащ ауэ абы и адыгэ мыщ1агъуэ гъусэхэр я лажьэк1э хэк1уэдащ.