среда, 21 октября 2009 г.

Узыфэ бзаджэ

Сэ куэд щ1ауэ узыфэжьыр зи гъащ1эм куууэ хыхьа ц1ыхухэм садолажьэр. Абы лъандэрэ куэди слъэгъуащ, куэди зэхэсхащ. 1уэхугъуэ къэсыхук1э си лъэпкъым къыхэк1а, дохутыр ц1эр зрахьэу Хэкум щылажьэм я нэхъыбэм си гур ябгъэдэк1ащ. Япэм си сабиигъуэм ди нэхъыжьхэм дохутырхэм пщ1эшхуэ хуа1эу, щытхъур хуа1эту, ф1ыщ1э хужа1эу щытащ... Дунейр шэрхъщи мэк1ырахъуэр, ди гъащ1эри к1уатэурэ нэхъ 1ей мэхъур нэхъыф1 лъэпкъ къыхэмыщу (ар дохутырхэр аращ зэхьэл1ар). Япэм щыгъуэ дохутырым жи1ар "Алыхьым жи1ам хуэдэу" къалъытэрт, иджы зы дохутырым жи1ар, адрей дохутырым техуэркъым. Ди еджап1э нэхъыщхьэми къыщ1эк1 дохутырхэм, щэм пщ1ы хъуну къахэк1мэ уи пы1эр щэ дэбдзей хъунущ.
Иджы благъэ Хэкум щыщ щ1алэщ1э Мэзкуу къашэн хуей хъуащ. Налшык и тхыц1ым шын иту аращ жа1эри, сэк1э хэ1эбащ, здыхэ1эбам узыфэжьым и лъабжьэр щиукъуэдияуэ къыщ1эк1ащ. Арати дохутырхэр зэплъыжри, зыри яхуемыщ1эу, зищ1ысри ямыщ1эу къыщ1идзыжри Мэзкуу псори кърагъэхьащ. Насып ди1эти, адэ-мыдэк1э ди лъэпкъэгъу дохутырхэр щыкуэдти, абыхэм селъэ1ури, уасэ ныкъуэк1э къэхутэныгъэр ирагъэк1уэк1ащ. Еплъщ, къеплъыжри "саркома Юинга" хуагъэуващ. Псори зэхуэсхьэсыжри Налшык езгъэшэжащ, пщ1эншэу и хъущхъуэр ирахьэл1эну ди Минздравым тхылъымп1э къритын щхьэк1э. Щ1алэр 1эрызехьэ пэлъытэт, езым зыри дахэ-дахэу ищ1эфыртэкъым... Мыбы дохутырхэр къеплъри курс 16 химиотерапиеу хуагъэуващ, курс къэсыхук1э тхьэмахуит1 п1алъэ дэлъу. Япэрей т1ур къратащ Минздравым, ещанэр "едгъэхьащ" жа1эри къак1уэщ езыхэри, квотэр къэмысауэ къыщ1эк1ри, уасэр ятын хуей хъуащ. Абы къыхак1эм нэмыщ1ауэ иджыри хъущхъуэ куэд къащэхун хуей мэхъур. Иджыпсту я мылъкур полъэщыр, ауэ адэк1э зэрыхъунур зыми ищ1эркъым. Ар хъунщ жылэ дэсщи, псори зэхэлъэдэнурэ хэт дапщэ хузэф1эк1ми зыхалъхьэнурэ дауэ мыхъуами зыхуей сом бжыгъэр ирагъэкъунущ, Тхьэм жи1эмэ. Ауэ а узыфэжьыр зи 1эпэгъу хъур дапщэ хъурэ?! Дапхуэдизым ц1ыху зи сомыр зэзыгъэзахуэм апэсы хушиифын? Дапщэри хуищ1эфын абы зыгуэр? Псоми гъуэнэрэ, чэзурэ и1эщ. Ауэ гъунэрэ, нэзрэ зимы1эр ди къэрал зыри абы щхьэк1э зымыщ1эр аращ. Дэнк1и ахъшэщ напэу къэнэжар. Ул1эми ядэнущ, сом къыппык1ыну фэ птемытмэ, ауэ сом къыппык1ыну къыпщыгугъумэ иджыи урапсэщ, иджыи уранэщ. Ауэрэ сак1элъыпт а щ1алэр щыщ1эдгъэгъуалъхьэм щыгъуэ дохутыр абы щылажьэхэм. Куэдым гум ип1эк1э хьэуазэ илъ хъуащ абыхэм. Япэ щ1ык1э си жагъуэ хъуат ахэр апхуэдэу зэрыщытыр, ауэ ит1анэ сегупсысыжри къызгуры1уащ, абыхэм нэгъуэщ1 хэк1ып1э зрамы1эр. Псоми уигу ящ1эузмэ, уи къарур зыми пэлъэщынукъым, аращи хуей хуэмейми гу мыгъуэр, гу джафэ хъууэ аращ.

вторник, 14 июля 2009 г.

"Абы щхьэ ф1этакъым..."

Жа1эж мыпхуэдэ хъыбар.

Щак1уищ, зэныбжьэгъуф1 дыдэу, зы къуажэ гуэрым щыпсэурт. Зы пщэдджыжь гуэрым, зэгуры1уэхэри, мыщэ къаук1ыну жьэпкъым к1уахэщ. Мыщэм и гъуэр къахутащ, ичынды пщ1ондэ мыщэр къэк1уэжыным пэплъахэщ. Арщхьэк1э мор къэк1уэжыркъым. Пщыхьэщхьэ щыхъум, нэхъыщ1э дыдэм жи1ащ: "си бгым к1апсэ исщ1энщи, сэ гъуэм сехынщ, мыщэр ису къыщ1эк1рэ к1апсэм сыкъекъумэ, псынщ1эу сыкъыдэфхьеиж". Ехащ. Мыдрей т1ур поплъэри щытхэщ, к1апсэ к1апэр я1ыгъыу. Дакъикъипщ1 дэк1ащ, к1апсэр зэрылалэщ. Дакъикъэ т1ощ1ри к1уащ, 1эуэлъэуэншэщ. Сыхьэт ныкъуэ дэк1а нэужь, щ1алит1ыр къэгузавэри я ныбжьэгъур къралъэфыжащ. Еплъмэ - щхьэ ф1этыжкъым. Гузэвахэщ, гу1эжахэщ. Пхъэ зрапхри абы къытралъхьэри, я нэм щ1ыр имылъагъуу къахьыжащ. Жэщыбг нэсати, къуажэр нэщ1т. Хьэдэр я куэбжэпэм ягъэт1ылъри, зэныбжьэгъуит1ыр пщ1ант1эм дыхьащ, нысащ1эм и закъуэт унэм щ1эсри, еджащ. Ар къыщ1эк1ри, "фыкъеблагъэ", щыжи1эм, нэхъыжьыр къэпсалъэри, нысащ1эм ещыхьэк1уащ: "къару зыхэгъэлъ, гуауэшхук1э дыкъыпхуэк1уащ... Мис, ди ныбжьэгъур щы1эжкъым..." "Сыт къыщыщ1ар?" - къоупщ1 нысащ1эр. "К1апсэ и бгым ирищ1эри мыщэм и гъуэм ихьащ... Ди гугъэмк1э мыр мыщэм къищ1ащ. Зэрынэсу мо домбейр къэ1эбэри и щхьэр пичащ". Фэ фыщоуэ, - жи1ащ ц1ыхубзым. - Си щхьэгъусэм щхьэ ф1этакъым". "1агъу, ар дауэ жып1эрэ? Дэ тщ1эжыркъэ, уэ пщ1эжыркъэ?..." "Фэри сэри дыщыуащ, щхьэ ф1эт ди гугъауэ аращ. Абы щхьэ ф1этамэ, махуэ псом къимык1а, мэжэщ1ал1эу иса мыщэм и гъуэм ипщхьэнтэкъым".

суббота, 16 мая 2009 г.

Щхьэ упсахэр...

Нобэ си ц1ыхугъэ гуэр сы1ущ1ати, хъыбар мыщ1агъуэ сыкъригъэдэ1уащ. Мы мазэм ипэм адыгэ щ1алит1 щхьэ упсахэм я1ущ1эу, зыр абыхэм яук1ауэ къызжи1ащ. Ц1ыху 15 хъууэ щытауэ жа1эр, абыхэм псэууэ къахэк1ари... Хьэмэрэ а хьэбыршыбырхэм я1эщ1эк1уэда тхьэмыщк1эр-щэ? Гъащ1эм хыхьэу, ц1ыхум я ф1ы къэзылъыхъуэнухэм хэта щ1алэм и гъащ1эр к1эщ1 дыдэ хъуащ. Ар зыхуашэжа анэ тхьэмыщк1эри... Псоми ди быныр нэхъыф1 щыхуэзэнущ жа1эри, мы къалэжьым я сабийхэр къаут1ыпщыр, ауэ зыми ищ1эркъым, псэууэ ек1уэл1эжынуми?! Сыт ди 1эмал, дауэ едгъэпшыныжын апхуэдэхэм ящ1а 1уэхугъуэр? Хэти пэлъэщыну? Къысщохъур, ди къэрэгъулхэм а щхьэ упсахэм я 1уэху лъэпкъ зрамыхуэу. Жа1э хъунщ: "Зы "ф1ыц1эк1э" нэхъ мащ1э хъуащ". Иджыпсту а щхьэ пц1анэжь гупым я зыхэз яук1мэ, дунейм тетыр къытхужа1энущ, щ1ащык1ынущ псори... И к1эм и к1эжым, зыгуэр къаубыдынщи, лажьи-хъати имы1эу тебгуэ хъунур трагуэнщи, хьэпсым ирадзэнщ.
Зыми и ажалыр здэщы1эр ищ1эркъым, ауэ апхуэдэ ажал Алыхьым къыдимыт, зи п1эщхьагъым зи ажалыр телъ ц1ыху Алыхьым дищ1.

четверг, 2 апреля 2009 г.

Гъэрэ Щ1ырэ...

Лэжьап1э дэк1уеип1эхэм сехыурэ сегупсысырт: "Хуэмурэ хьэуа щ1ы1эты1эм сыхэту сык1уэжынщ, махуэ псом щхьэ дэхьеигъуэ дымыгъуэту, долажьэр. Ди щхьэр зэк1уэк1ыным нэсащ", жыс1эу. Унэ лъащ1эм сыщыщ1эк1ам къызгуры1уат, зыщ1ып1и сызэрымык1уэнур... уэшхым жьы щ1эту къешхырт. Уи лъабжьэм уэс щ1элъу, уи щхьэм уэшх къытешхэу лъэсу дэнэ ук1уэжынт?! Лэжьап1эм я гум сит1ысхьэри унэм хуэзунэт1ащ. Зэманыр ягъэк1уэтами, уафэр уфат, дунейр щ1ы1эт, к1ыф1т. Гум и абджым къытелъадэ уэшх тк1уэпсхэм сеплъырт, зэзгъэщхьынур сымыщ1эу. Ит1анэ сегупсысы1уэри, къызгуры1уащ ар нэпс тк1уэпсым зэрещхьыр...
Унэм сынэсыжащ. Шхыныр хуабэу, унэр къабзэу, срагъэблэгъэжащ. Арати, дуней уфар занщ1эу 1эщ1ыб сщ1ыжа хъуащ. Аурэ жэщри хэк1уэтат, псори гъуэлъыжат, сэ лэжьыгъэ 1уэхук1э сымыгъуэлъыжу сыкъэна хъуат. Уэшхыр пщэгъубжэм къытеуэу, абы и макъым сыщ1эдэ1ук1ыу сылажьэурэ, зэуэ дуней къутэж къэхъуащ. Жьыр жыгхэм жьыхэфыщ1ыхьырт, уэшх тк1уэпсхэр зэбгридзырт, пэшыбжэхэр иридзыл1эрт, жьы зэпеуэ хъуат. Си гугъэт унащхьэр трихыу, унэм уэшхыр къишхэну, гужьеигъуэт к1эщ1у жып1эмэ.
Нэху дыкъек1ащ уэсыр къесу. 1эрамэшхуэурэ, бэлацэу, хуэмэ ц1ык1уу, щхьэхынэу щ1ым тегъуалъхьэрт. Уафэр зыщ1ып1э дежи нэхущ, зыщ1ып1э дежи уфат, адрей лъэныкъуэмк1и уеплъыпэм т1ури зэхэтт. Ар згъэщ1агъуэу щхьэгъубжэм сыдэплъу сыздэщытым, зэуэзэпсэу дыгъэр пшэм къыпхырыпщри, пэшыр къигъэнэхуащ, нап1эзып1э дэхьеигъуэ ф1эк1 блэмык1ыу, дыгъэ щы1ауэ умыщ1эну аргуэру дунейр къыз1ууэжащ. Мыдэ сабий зи жагъуэ зыщ1ам ещхьыу.... Апхуэдэурэ дыгъэр, уэсыр, уэшхыр куэдрэ зэдэуащ, ик1эм ик1эжым иджы соплъэри солъагъур дыгъэ ц1ык1ур джэгуу уафэджабэм исщ.
Нобэу п1эрэт-т1э гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 махуэр?!