среда, 21 октября 2009 г.

Узыфэ бзаджэ

Сэ куэд щ1ауэ узыфэжьыр зи гъащ1эм куууэ хыхьа ц1ыхухэм садолажьэр. Абы лъандэрэ куэди слъэгъуащ, куэди зэхэсхащ. 1уэхугъуэ къэсыхук1э си лъэпкъым къыхэк1а, дохутыр ц1эр зрахьэу Хэкум щылажьэм я нэхъыбэм си гур ябгъэдэк1ащ. Япэм си сабиигъуэм ди нэхъыжьхэм дохутырхэм пщ1эшхуэ хуа1эу, щытхъур хуа1эту, ф1ыщ1э хужа1эу щытащ... Дунейр шэрхъщи мэк1ырахъуэр, ди гъащ1эри к1уатэурэ нэхъ 1ей мэхъур нэхъыф1 лъэпкъ къыхэмыщу (ар дохутырхэр аращ зэхьэл1ар). Япэм щыгъуэ дохутырым жи1ар "Алыхьым жи1ам хуэдэу" къалъытэрт, иджы зы дохутырым жи1ар, адрей дохутырым техуэркъым. Ди еджап1э нэхъыщхьэми къыщ1эк1 дохутырхэм, щэм пщ1ы хъуну къахэк1мэ уи пы1эр щэ дэбдзей хъунущ.
Иджы благъэ Хэкум щыщ щ1алэщ1э Мэзкуу къашэн хуей хъуащ. Налшык и тхыц1ым шын иту аращ жа1эри, сэк1э хэ1эбащ, здыхэ1эбам узыфэжьым и лъабжьэр щиукъуэдияуэ къыщ1эк1ащ. Арати дохутырхэр зэплъыжри, зыри яхуемыщ1эу, зищ1ысри ямыщ1эу къыщ1идзыжри Мэзкуу псори кърагъэхьащ. Насып ди1эти, адэ-мыдэк1э ди лъэпкъэгъу дохутырхэр щыкуэдти, абыхэм селъэ1ури, уасэ ныкъуэк1э къэхутэныгъэр ирагъэк1уэк1ащ. Еплъщ, къеплъыжри "саркома Юинга" хуагъэуващ. Псори зэхуэсхьэсыжри Налшык езгъэшэжащ, пщ1эншэу и хъущхъуэр ирахьэл1эну ди Минздравым тхылъымп1э къритын щхьэк1э. Щ1алэр 1эрызехьэ пэлъытэт, езым зыри дахэ-дахэу ищ1эфыртэкъым... Мыбы дохутырхэр къеплъри курс 16 химиотерапиеу хуагъэуващ, курс къэсыхук1э тхьэмахуит1 п1алъэ дэлъу. Япэрей т1ур къратащ Минздравым, ещанэр "едгъэхьащ" жа1эри къак1уэщ езыхэри, квотэр къэмысауэ къыщ1эк1ри, уасэр ятын хуей хъуащ. Абы къыхак1эм нэмыщ1ауэ иджыри хъущхъуэ куэд къащэхун хуей мэхъур. Иджыпсту я мылъкур полъэщыр, ауэ адэк1э зэрыхъунур зыми ищ1эркъым. Ар хъунщ жылэ дэсщи, псори зэхэлъэдэнурэ хэт дапщэ хузэф1эк1ми зыхалъхьэнурэ дауэ мыхъуами зыхуей сом бжыгъэр ирагъэкъунущ, Тхьэм жи1эмэ. Ауэ а узыфэжьыр зи 1эпэгъу хъур дапщэ хъурэ?! Дапхуэдизым ц1ыху зи сомыр зэзыгъэзахуэм апэсы хушиифын? Дапщэри хуищ1эфын абы зыгуэр? Псоми гъуэнэрэ, чэзурэ и1эщ. Ауэ гъунэрэ, нэзрэ зимы1эр ди къэрал зыри абы щхьэк1э зымыщ1эр аращ. Дэнк1и ахъшэщ напэу къэнэжар. Ул1эми ядэнущ, сом къыппык1ыну фэ птемытмэ, ауэ сом къыппык1ыну къыпщыгугъумэ иджыи урапсэщ, иджыи уранэщ. Ауэрэ сак1элъыпт а щ1алэр щыщ1эдгъэгъуалъхьэм щыгъуэ дохутыр абы щылажьэхэм. Куэдым гум ип1эк1э хьэуазэ илъ хъуащ абыхэм. Япэ щ1ык1э си жагъуэ хъуат ахэр апхуэдэу зэрыщытыр, ауэ ит1анэ сегупсысыжри къызгуры1уащ, абыхэм нэгъуэщ1 хэк1ып1э зрамы1эр. Псоми уигу ящ1эузмэ, уи къарур зыми пэлъэщынукъым, аращи хуей хуэмейми гу мыгъуэр, гу джафэ хъууэ аращ.