пятница, 14 ноября 2008 г.

Зи ц1эр куэдрэ къра1уэ...

Куэдрэ ф1ык1э ягу къагъэк1ыж си адэшхуэм папщ1э.


Си адэшхуэм и гъащ1эр сэ ф1ы дыдэу сщ1эжу схужы1энукъым, иджыи си нэгум абы и нэк1ур ф1ыуэ къысхущ1эгъэхьэжыркъым. Ауэ сыхуейт абы щхьэк1э сэ сщ1эж т1эк1ур сатей къэсщ1ыну, ц1ыху мы си тхыгъэм еджэр абы нэ1уасэ хуэсщ1ыну.
Езым зэрыжи1эжамк1э, абы и адэр Истамбыл лъэныкъуэк1э къик1уауэ щытащ. Дунеягъэм абы зы шыпхъу закъуэщ щи1ар, иджыи ар езым нэхърэ нэхъыжьти пщ1э лей хуищ1у дапщэщи бгъэдэтащ. Сэ и сабиигъуэм щхьэк1э зыри схужы1энукъым, сыт щхьэк1э жып1эм, си анэми ар ищ1эжкъым, сэри абы и хъыбар куууэ къысхуэзыщ1ын дунейм тетыжкъым. Ауэ сыхуейт абы и балигъып1эм щыщ1эдзауэ и гъащ1эр зэрырек1уэк1ам сытепсалъыхьыну.
Си адэшхуэм щхьэгъусэ къишауэ къуажэм дэст, ц1ыху гугъусыгъут жа1эр абы и щхьэгъусэри, бынит1 игъуэтауэ, адэк1э хуэмышэчыжу, ишэжри лъэпкъ къызхишам яритыжат. Ар Аруан къуажэм щыщт, сыщымыуэмэ Абазэхэ я пхъут. Си адэшхуэм и хьэлщэныр къызощтэри, апхуэдэ бзылъхугъэ щхьэ псэуэгъу ищ1ауэ п1эрэт жызо1эри согупсысыр?! Егъэлеяуэ дахэу щытауэ жа1эжыр ар, ара хъунт ар дэзыхьэхар, Алыхьым ещ1эр абы и пэжып1эр. Сытми иригъэк1ыжауэ си адэшхуэ шыпхъум къыщищ1эм, тридзэри и унэ къэк1уащ, лъэ1уэну:
- Алыхьым укъигъэщ1ам, си хьэтыр къэлъагъуи, уи быныр хамэ лъэпкъ щумыгъэп1у, къэшэжи уэ п1ыж.
Шыпхъум и псалъэм ар зэи ебакъуэнутэкъыми, к1уэри и щхьэгъусэм елъэ1ужри къишэжащ. Адэк1э псэурэ, зауэр къэхъеящ, си адэшхуэр армэм ямышэу къуажэм къыдэнащ. Зауэр ек1уэк1ыу, немыцэхэр къуажэм къыдыхьауэ дэту, колхоз былымыр си адэшхуэм къуажэм триугуашэри немыцэхэм ахэр дамыхуу ихъумат, иджыи ц1ыху дашу яук1ын хуейр бжыгъэмрэ, я ц1эхэмрэ зы1эщ1игъыхьэт. Немыцэхэр ф1ыуэ иригъафэри, жэщым я ц1ыхуххэр мэзым щигъэпщк1ури, ук1ыгъэм къригъэлат. Аурэ зауэр ек1уэк1ыурэ, си адэшхуэм къыщыщ1ар имыщ1эу и щ1ыфэр гуэрэф хъууэ хуежьат. Зы дохутыри сэбэп къыхуэхъуртэкъым, къапщ1эу и лыр зэрыфыр, мэ ищ1у хуежьат. Арати аргуэрыжьу си адэшхуэм и щхьэгъусэм зызэщ1икъуэри я деж к1уэжат: "Алыхь уэ узезхьэу сэ сыбгъэдэмысыну, упсэуни, ул1эни уэ", жи1эри. Гъэмахуэ махуэу, апхуэдэу сымаджэ хьэлъэу унэм щ1элъу, зы бзылъхугъэ и пщ1ант1эм къыдыхьащ. Ар немыцэхэм кърахужьауэ арат, езыр Украинэм щыщт. Къелъэ1уащ ар си адэшхуэм фэтэр папщ1эу и унэм ищ1эгъэсыну. Си адэшхуэм "сэри куэдрэ сыпсэужыну къыщ1эк1ынкъым, сыл1эмэ сыщ1эплъхьэжынщ", жи1эри, ар и унэ щ1игъэт1ысхьащ. А бзылъхугъэм си адэшхуэм и узыфэр щилъагъум, жи1ащ: "Сэ уэ узгъэхъужынщ, ауэ сэ уэ фэтэрыпщ1э с1ыпхынкъым, иджыи узгъэхъужа нэужь сомин къызэптынщ". Ит1анэ къи1уэтэжауэ аращ езы бзылъхугъэр зэрыдохутыр ц1эры1уэр, немыцэхэм темылэжьэн щхьэк1э къызэрыщ1эпхъуар. Сытми си адэшхуэм елэжьу щ1идзащ. Жи1эращ: "Ц1ыхум жып1эк1э я ф1эщ хъункъым, ауэ нэгъуэщ1 зыри къызихьэл1акъым, а псыунэ мащэм гъэмахуэм трищ1э хьэп1ац1эм ф1эк1а". Ар зыхэс псым хъыданыр хилъэфырти, ар и щ1ыфэм трилъхьэрт. Махуищ1 ф1эк1 дэмык1ауэ, и щ1ыфэр гъущу хуежьащ, тхьэмахуит1 дэк1ри лажьэ и1ауэ умыщ1эну лъэрытет къэхъужащ. А дохутырым и ф1ыгъэк1э а узыфэжьми къелащ. Тэлай дэк1ри и щхьэгъусэм зэрыхъужар къищ1эри, бынхэр зэщ1икъуэри, къигъэзэжащ, зыри къэмыхъуам хуэдэу. Сгъэщ1агъуэр зыщ дауэ ар къыдигъэхьэжа, сыт хуэдэ напэ и1эу унагъуэм къигъэзэжа а бзылъхугъэми?! Быныр бынитху хъуати арагъэнщ, си адэшхуэр къэзгъэшар.
Зауэр зэф1эк1ри, си адэшхуэм пц1ы къытралъхьэри, трибуналым иратащ, полицайуэ щытауэ жа1эри. Щыхьэт хъуахэм яхэтащ зы зэман немыцэхэм дримыгъэшу къригъэла ц1ыху зыбжани. Хейр зэф1эк1ри си адэшхуэм илъэс 15 къытралъхьащ. Арати хуэмышэчу къэдыхьэшхащ ар.
- Сыт ущ1эдыхьэшхыр? - жи1ащ хеящ1ак1уэм.
- Фэ илъэс 15 къызэфтащ, ауэ Алыхьым илъэс дапщэ къыстрилъхьауэ п1эрэ жызо1эри аращ, - жэуап итащ дадэ.
- Нт1э Алыхьым и ц1эр мыбы къыщыхэбгъэщак1э, иджыри илъэсищ а илъэс 15-м хыдолъхьэр, - жи1ащ хеящ1ак1уэм.
Псори зэхэту илъэс пщык1уий къытралъхьат абы. Нижний Тагил дэт хьэпсым ягъэк1уащ. А зэманым Мэзкуу къик1ри зы унафэ гуэрым и ф1ыгъэк1э илъэсрэ ныкъуэрэ ф1эк1 имысу си адэшхуэр хуит хъужащ. Ауэ а илъэсрэ ныкъуэм и зэхуакум щэрэ яук1ыну хэтащ, ауэ абы и ажал щы1э хъунтэкъыми, псэууэ къэнащ. Зы жэщ гуэрым, казармэ зыщ1элъым щ1алэ зыт1ущ къыщ1ыхьэри, псори жейуэ, си адэшхуэр зыми ямыщ1эу къыщ1ашащ, иджыи здашэри имыщ1эу щ1ып1э жыжьэ лъэсу куэдрэ к1уащ. Сытми зы зэман ахэр бгъуэнщ1агъ гуэр нэсахэщ. Бгъуэнщ1агъым щ1ашэри илъэгъуащ л1их 1энэм бгъэдэту. Зым нэхърэ адрейр нэхъ инт, къек1ут, я фэр къытепсык1т. Си адэшхуэри езыр л1ы ц1ык1утэкъым, метрит1ым щ1игъут, пл1абгъуэт. Ищ1энур имыщ1эу, къращ1энур къыхуэмыгупсысу здэщытым, зыр къэпсалъэри жи1ащ адыгэбзэк1э:
- Уа, ди къуэш, уэ куэд щ1ауэ дыпк1элъоплъыр, ц1ыху хуэдэ ц1ыхуу укъыщ1эк1ащ. Иджыи уэ уи 1уэхур зэф1эк1ащ, нобэ мыбы урагъэк1ыжынущ, ауэ а здэбгъэзэжыну Хэкум уэ зыри къыпхуейкъым. Апхуэдизрэ уаук1ыну щ1ыхуеяри аращ.
Си адэшхуэр куэдрэ мыгупсысэу жэуап итащ:
- Уэлэхьи, си къуэшхэ, икъук1э си гуапэм, сэ апхуэдэ пщ1э фэ къызэрызэфхамк1э, ауэ дауэ мыхъуами, си анэ къилъхуа си шыпхъу закъуэр здэщы1эм, си адэ-анэр зыщ1элъ Хэкум сыщымпсэууэ, дэнэ сэ си щхьэр щезгъэзын?! Си анэм и уэсяту къэнащ: "Дэнэ фыщымы1ами, фи Хэку фыщалъхуам фыщыл1э". Абы и уэсятым сэ себакъуэфынкъым. Жыф1эри пэжрэ, си ажалым зыгуэр щ1энак1эмэ, си Хэкужь сыщрел1э. Алыхьым къысхуищ1ыр си унафэщ. Фэри фи 1уэху дахэ ухъу, ф1ык1э зэ1ущ1эн ц1ыху дэтхэнэ зыри Алыхьым дищ1.
Ар яжри1эри си адэшхуэр бгъуэнщ1агъым къыщ1эк1ыжащ, нэху къек1ри маф1эгум кърагъэт1ысхьэжри Хэкум къигъэзэжащ. Къыздэк1уэжам и щхьэгъусэм щ1эпхъэджагъэ ищ1ауэ къищ1эри, лъапсэм дэлъыр дэлъу, зызэщ1икъуэри нэгъуэщ1 къуажэ 1эпхъуащ. Абы и щхьэгъусэм къуипл1рэ зы пхъурэ къыбгъэдинат. Ауэ бынхэм ар зэи елъэпэуакъым, зыхуей хуигъэныкъуэкъым.
Къуажэ здэк1уам, фызабэ гуэрым деж и унэ ныкъуэр къы1ырихри, абы уасэ щ1иту щ1эт1ысхьащ. Ц1ыхухэм я бзэр 1ейкъэ, ахэр фызабэ тхьэмыщк1эм къыхуэмыпсалъэн щхьэк1э, си адэшхуэм абы и унэм нэгъуэщ1 щ1ыхьэп1э хуищ1ри, щ1эт1ысхьащ. Дадэ 1эпщ1элъапщ1э дыдэт. Къуажэм къэтрыщ1эу дэсащ. Сытым хуэ1эзэ дадэ ц1ыху куэдым къац1ыхуащ, иджы ц1эры1уи щыхъуащ а къуажэм. Хэт сыт ищ1ыжыну хуейми, псори абы къек1уал1эт. А фызабэм и л1ыр зауэм хэк1уадэри, зы бын ц1ык1у къыщ1энауэ ар ип1у псэут. Сытми куэдрэ псэуэ ахэр апхуэдэу, ауэ зы зэман а фызабэр зыхэс лъэпкъым я нэхъыжьыр си адэшхуэм и дыжьын башыр иригъэщ1ыжыну къэк1уащ. Арати и башыр ищ1ыжауэ щритыжым, а л1ыжьыр къэпсалъэри жи1ащ:
- Уа, мы ц1ыхум жа1эр пэж?
- Сыт жа1эр? - жи1эри щ1эупщ1ащ си адэшхуэр.
- Я1уатэр уэ ди нысэм гъусэ ухуэхъуауэ удэпсэууэ.
Ар щызэхихым дадэ 1элын ф1ыц1эу къызэк1уэк1ри, дыжьын баш ищ1ыжари икъутэжри, хыф1ихуащ.
- Уэрей, уэ ар уи л1ыжьыщхьэ щыхуэбгъэфэщак1э, адрейхэм нэхъыбэж хуэгъэфэщэнмэ, иджы уэрэдрэ-1уданэу жылэми-къуалэми сыхахьэнмэ.... Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, уэрей напэ уимы1эу унапэншэм, - жи1эри си адэшхуэм и щыгъын т1эк1ур зэщ1икъуэри а лъапсэри къибгынащ.
Сытми зы лъапсэ гуэр ящэжти, ар къищэхужщ, т1эк1у зыхуей хуигъазэри, а фызабэм деж тригъазэри к1уащ:
- Сэ уэ щхьэгъусэ усхуэхъунщ жыс1эу сыпщыгугъыркъым, ауэ уэ лажьэ уимы1эу уи ц1эр 1ейк1э си ягъэк1э 1уа хъуащи, нак1уэжи си лъапсэм щыпсэу. Армыхъуамэ дунейм утрагъэтынкъым мы жылэм къыпхуэпсалъэн щ1адзэнщи.
Сытми бзылъхугъэр здищ1ыгъури и лъапсэ ишэжащ. Ахэр илъэситк1э здэпсэуащ, я п1эщхьэгъыр зы мыхъууэ. Ит1анэ нэчыхьыр ирагъэтхри здэпсэун щ1адзащ. Абыхэм бынищ здагъуэтащ.
Хьэблэ зыдэсыр хуэмыщ1а ц1ыхур щынэхъыбэт. Си адэшхуэм зэрыхузыф1эк1ым хуэдэу ц1ыхухэм сытым дежи ядэ1эпыкъуащ. Абы былымышхуэ и1эт, бжьэ игъэхъурт, хадэ ищ1эрт. Сомыншэ зэи хъуртэкъым. Жэмыр лъхуэрэ шк1э къилъхуам, ар унагъуэ тхьэмыщк1эм, хуэмыщ1ам, е унагъуэу т1ысыжа гъащ1эм яритт, хывышк1эми ар дыдэр и махуэрт. Ауэ зэ зы жэмыщ1э ц1ык1у и лъапсэм къигъэзэжат, арати жэмыр зрита унэгуащэр къык1элъык1уащ.
- К1уэжи, а укъэзгъэк1уа уи щхьэгъусэр къэгъак1уи, сэ абы и унафэр ит1анэ сщ1ынщ, - жи1эри унэгуащэр иут1ыпщыжащ.
Тэлай дэк1ри унагъуэм щ1эс ц1ыхъухъур къэк1уащ. Сэлам, щ1эупщ1эр зэф1эк1а нэужь, си адэшхуэм жи1ащ:
-Аф1эк1а уэ псэущхьэм щхьэк1э гугъу зумыгъэхьынмэ, и псэр хэгъуауэ, и жьафэр дэущ1еяуэ жэмыщ1э ц1ык1ур п1эщ1эк1уэдэнмэ, уэрей, зыри умылъэгъуну сэ уэстауэ. Мы жэмыщ1эр ф1ырыф1к1э си деж и псэр къихьэсыжакъым, лей къытехьати къигъэзэжауэ аращ. Ар уэзытар сэращи, сэ уэ мыр къып1ызохыжри, узэрыхуейуэ псэу. Абы къуиту щыта шэм хуэныкъуэ ухъуа иужьк1э, уигу сыкъэгъэк1ыж, - жи1эри л1ыр иут1ыпщыжащ, жэмыщ1эр иримытыжу.
Зэрыжыс1ащи бжьэ игъэхъуу щытащ си адэшхуэм. Зы пщэдджыжь жьыуэ гур зэщ1ищ1ащ, бэзэрым к1уэну, арати зы фо матэ чэму къыщ1эк1ащ. Здэк1уар имыщ1эу, унагъуэми зыри яжримы1эу, фор бэзэрым ишэри ищащ, къигъэзэжри щ1эупщ1ащ фор зыгуэрым илъэгъуамэ, хьэмэрэ хуейуэ къищтауэ. Абы я гуэным зэи и бжэр ягъэбыдэртэкъым. Къек1уэк1 нек1уэк1ыурэ, фо матэр зыгуэрым идыгъуауэ къыщ1идзыжащ. Я гъунэгъу л1ыжь гуэр къек1уэк1ауэ а хъыбарыр къыщищ1эм жи1ащ:
- Хьэрэм хухъу хэт ишхами.
Ар си адэшхуэм щызэхихым, идакъым:
-Уэлэхьи, схуэфащэм сэ ар. Сэ къызлэжьыжа 1уэхугъуэщ. Сэ ц1ыхур къыщызэдыгъуак1э, ар абы хуэныкъуэт. И хьэлэлщ, къемэт махуэм сф1эмык1уэдын Алыхьым ищ1, си л1ам я псапэ хъуауэ Алыхьым жи1э.
Ауэ гъунэгъу л1ыжьыр етат, бэяутэкъым. Арати зы зэман къедыгъуауэ щытахэр къак1уэри ичрам къахьыжащ, иджыи матэм и ныкъуэр къахьыжри, къратыжащ. Зыкъоми дэк1ауэ, псоми а 1уэхур ящыгъупщэжауэ, пщэдджыжьым жьыуэ а я гъунэгъу л1ыжьыр къек1уэк1ащ.
- Мыр сыт, сытуи жьыуэ укъытхыхьа? Къэхъуа 1а?
- Алыхьым си л1ахэм я псапэ ищ1.
- Сыт 1эу къыпщыщ1ар?
-Ныжэбэ си мэлит1ыр ирашащ....
А я гъунэгъум щ1эпхъэджагъэ куэд къыщыщ1ырт. Иджыи си адэшхуэм егъэлеяуэ къефыгъуэрт. Езыр л1ы ц1ык1у хэщ1ыхьат, 1эгъуабжэ лъэгъуабжэт, куэдым ф1ыуэ къалъагъуртэкъым. И бынхэри апхуэдабзэт. Си анэ шыпхъум зыгуэр яхуихьри к1уати, и пхъур къещат абы:
-Мыр уи адэ ц1эм яшхам къуигъэхьауэ ара?
Си анэ шыпхъуми куэдрэ мыгупсысэу, жэуап иритыжащ:
-Алыхь зи ядэр ц1эм яшхар, фэуэ тетым
Зы махуэ гуэр гъунэгъу л1ыжьыр къек1уэк1ат. Абы и хабзэт махуэм къриубыдэу щэрэ-пл1эрэ си адэшхуэм деж къек1уэу, езыр 1уэхуншэти, къедзари 1уэхуншэ дэхъурт. Зыкъомрэ щыса нэужь, къызхихари умыщ1эу, же1эр:
-Кхъа, уэрэ сэрэ дызэгъэбэн.
-1эу, зи унагъуэр бэгъуэн, ар дауэ?! Уэрэ сэрэ ди ныбжьыр дэнэ щы1э?! Иджы къыдэдвыжу уэрэ сэрэ дызэбэну ц1ыхум къалъагъумэ сыт жа1эн?
-Уэлэхьи зыарэзым сэ ц1ыхум жы1энумк1э. Кхъа, дызэгъэбэн.
Арати щык1эрымык1ым, си адэшхуэм зригъэсыхри, и блэгъущ1эм щ1иубыдэри, ф1ыуэ зрикъузыл1эри иригъэувыхыжащ. Гъунэгъум и пэр пилъэщ1ык1ри, си адэшхуэм къыхудэплъейри и щхьэр ищ1ащ.
-Сыт, къэхъуар? Щхьэ уи щхьэр пщ1ырэ?
-Е, бетэмал, сыунэхъури си 1эбжьанэр нышэдибэ пызупщ1ат.
-Сытыт 1эбжьанэк1э пщ1энур?
-Фэбжь уэзмытыфми, сыноп1эстхъынт...
Си адэшхуэр къыпыгуф1ык1ри нэгъуэщ1 зыри жи1атэкъым.
Зауэ зэманыр дауи гугъут. Ауэ дауэ мыхъуамэ си адэшхуэм и 1эдакъэ ф1ыгъуэ куэд щ1эк1ащ. Ар зэи и бынхэр зыхуей хуигъэныкъуакъым, ауэ иджы лей лъэпкъ ялъэгъуауэ къыщ1эк1ынкъым, си анэм и хъыбархэм тепщ1ыхьмэ. Жи1эжт, бэзэрым къик1ыжри ботэ плъыжыбзэ ц1ык1у зырыз и шыпхъумрэ езымрэ къахуихьауэ. Арати жэщым щыгъуэлъыжым я гум къэк1ащ: "Мыр ди адэм зыгуэрым иритынк1э хъунущ, тщыгъыу дыгъуэлъыжмэ нэхъыф1щ". Арати т1уми я ботэхэр ящыгъыу гъуэлъыжри, жеижащ. Нэху къек1ащ я ботэ ц1ык1ухэр ящымыгъыжу. Уэрамым дэк1ауэ, джэгуу здытетым, ялъэгъуащ я хьэблэ дэс хъыджэбз ц1ык1уит1ым я ботэхэр ящыгъыу. Ахэр зеиншэу къэнат, и анэм вакъэ къызэрищэхун имы1эу унэм дэст, хэхъуэшхуи я1этэкъым. Дадэ ар къищ1эри вакъэр ихьри яритауэ къыщ1эк1ащ. Адэм ищ1амрэ, жи1амрэ зэи унагъуэр тепсалъыхьыртэкъым, абы жи1ар унафэу тытт.
Си анэшхуэм пхъу ц1ык1у щ1эсу къишэжащ жыс1атэкъэ, мис ар илъэс 18 ирикъуат. Курыт еджап1эм щылажьэрт ар. Щ1ымахуэт. Дунейр щ1ы1э дыдэт, зэрыжа1эщи "уубжьытхам, 1упсыр щ1ым нэмысу щтытт". Зы пщыхьэщхьэ гуэрым си анэшхуэм и пхъур къэмык1уэжу гува хъуат, си адэшхуэр пежьэщ, курыт еджап1эми ек1уэл1ащ, ауэ абы зыри щыбауэжтэкъым. Сытми зыкъомрэ къилъыхъуэри имыгъуэтыжу унэм къигъэзэжащ. Нэху къек1хэри, къуажэм щагъэхъыбару зыхихащ, ар яшауэ. Ди къуажэм абы и адэ мыгъуэм и шыпхъу дэст. Арати и дэлъхум и пхъум щ1эупщ1э щи1эм, си адэшхуэм и унафэ хэмылъу ар арэзы техъуэри, лъэпкъым иритат. А псор си адэшхуэм къыщищ1эм, и щхьэгъусэм унафэ хуищ1ащ, дэк1ыу 1уэхур зытетыр къищ1эну, ягъэхъыбар 1уэхугъуэр пэжмэ, и мылъхупхъум щ1эмыупщ1эну, иджыи лъапсэм къримыгъэхьэну. Си анэшхуэр дэк1ри 1уэхур зытетыр къищ1ащ, къэк1уэжри псори и1уэтэжащ. Арати, си адэшхуэм ищ1а унафэр зеи ихъуэжтэкъыми, хьэгъуэл1ыгъуэм езым и лъэныкъуэм щыщ зыри имыгъак1уэу зэф1игъэк1ащ. Иджыи бын игъуэту, ар илъэс ирикъуху анэмрэ пхъумрэ зытеплъакъым. Си щхьэк1э емык1уу къызолъытэр ар, къимылъхуами, зып1ар, зыгъэшхар, зи гуф1эгъуэри, зи гузэвэгъуэри дэзыугушар си адэшхуэу щыщытк1э, абы и изын гуэри а 1уэхугъуэ псом хэлъын хуеящ.
Си анэшхуэр къызыхэк1а унагъуэри муслъымэн унагъуэу щытт. Абы и анэ дэлъхум щихъ жыхуа1эм хуэдэт. И гъащ1э псор диным ехьэл1ауэ псэуащ. Ар чытэпымк1э плъэрт, иджыи жин щхьэгъусэ и1эу ц1ыхухэм ягъэхъыбарт. Сытми си анэр къалъхуауэ, мазибгъу ирикъуауэ, и 1эпкълъэпкъыр зэрымыубыдт иджыри, хъыдан к1апэк1э зрахьэу арат, ит1анэ иджыи егъэлеяуэ гъринэт, мыбэяужу гъырт сытым дежи. А си анэшхуэм и анэдэлъхур къэк1уэху, зыпымыууэ жи1эрт:
-Уэлэхьи, сэ т1эк1у се1эзатэм, шэч хэмылъыу хъужынутэм.
Си адэшхуэм адэк1э хуэмышэчыжу, ар сабий зыщ1элъ пэшым щ1иубыдэри, жри1ащ:
- Сыт ухуейми ещ1э, е гъэпсэу, е гъал1э, уэлэхьи сэ аф1эк1а зы къару симы1эж мыр сшэчыну.
Си анэшхуэм Тхьэ зэри1уэр аракъэ, а жэщым япэу сыжеяуэ аращ, же1эри. Сытми нэхущ деж и анэдэлъхум бжэм къытеу1уэри къажри1ащ:
-Мыр щыз тхылъщ, илъэс 18 ирикъумэ к1уэдыжынущ, фымылъыхъуэ. Махуэ пл1ыщ1к1э, псы къуийм фык1уэурэ, дыгъэ набзий хэмыпсэ щ1ык1э, псыр абы къифхыурэ, мыбы и щхьэм ф1эфк1э.
Си анэшхуэм псы щ1ы1эмылыр а сабийм и щхьэм зэриф1ик1эным егупсысурэ, къарур зэхилъхьэри и анэдэлъхум зэрыжыхуи1ам хуэдэу ищ1ащ. Махуищ дэк1а иужь, сабийм и 1эпкълъэпкъыр зэрыубыду щ1идзащ.
Си анэм и шыпхъу нэхъыжьыр къыщалъхуам щыгъуэ си адэшхуэр 1уплъэри, жи1ауэ щытащ:
-Мы сабийм гъащ1э и1экъым. Адрейхэм ещхькъым мыр.
Дауи гугъу хъунт ар адэ-анэм дежк1э, уи сабийм гъащ1э зэримы1эр пщ1эуэ абы удэпсэуну, сытым дежи уегупсысу "Дапщэщу п1эрэ?!"... Си анэмрэ и шыпхъумрэ илъэс закъуэт я зэхуакум дэлъыр. Си анэр нэхъыщ1эт. Зэгъуэсэу курыт еджап1эм к1уэрт, къуажэ уэрамхэр уэшх къешха нэужь дауэ хъурэ? Ят1эгъуэм уэшх тешха нэужь, ф1ейр пщэдыкъым нэсыхук1э дэупц1еяуэ, галошыр ят1э защ1эу, цы лъэпэд ящыгъыр сыт хуэдэфэми къыпхуэмыщ1эу, я шэкъэ т1эк1ур къик1утарэ, тхылъ псори исраф хъуауэ, сабийхэр курыт еджап1эм къик1ыжырт. Си анэшыпхъур къабзэ дыдэу къэсыжырт, "ярэби, мыр лъатэу п1эрэ, щ1ым иримык1уэу?!", жып1эу хуэбгъэфащэу. 1уэху ищ1эну иужь ибгъэхьамэ, ук1элъы1эбэу зэбгъэзэхуэжын хуэмейуэ, 1уэхур зэф1игъэк1ырт. Си анэр абы и шыпхъуу пщ1энтэкъым. Зы анэм къилъхуауэ... Еджап1эр ф1ы дыдэу къиухри, дохутыр училищэм щ1эт1ысхьащ, илъэс ф1эк1а емыджауэ, дунейм ехыжащ. Ар зэрыл1ык1а узыфэр иджы пхузте1ыгъэми, абы щыгъуэм и хъущхъуэгъуэ къахутатэкъым. Дыуэщ1ым си адэшхуэр къахэувэри, къек1уэл1а псоми елъэ1уащ:
-Сэр нэхърэ нэхъ 1ейуэ, зыми фигу къеуакъым си пхъум и лъэныгъэр. Аращи, сэ жыс1эм фыкъеда1уи, нэпс щ1эвмыгъэк1. Сом къысхуэвгъанэуи фымык1уэж. Сэ езым и сэдэкъэр сщ1ыжынщ.
Си адэшхуэр иджыри куэдрэ псэужащ абы иужьк1э. Куэдрэ ар бэзэрым к1уэуэ щытащ, зэи унагъуэр сомыншэ хъуакъым, щ1акхъуэ 1ыхьи щыщ1акъым. Куэдрэ пщ1ыхьэп1эм ц1ыху имыц1ыху куэд къыхуэк1уэурэ, к1уэурэ абыхэм я къащхьэр зэригъэзэхуэжащ. Ц1ыху куэди чэнджэщак1уэ къыхуэк1уэрт абы, куэдым яц1ыхурт, куэдым иф1 ек1ат.
Къа1уэтэж зы хъыбар иджыри. Унагъуэ гуэрым я пхъу яшат. Езыхэр благъэщ1эм деж мык1уэурэ, я благъэщ1эм гузэвэгъуэ къалъысат. Сытми иджы абыхэм я деж к1уэн хуейти, си адэшхуэм ечэнджэщыну къэк1уат, унагъуэм я л1ыр. Езы л1ыр ц1ыху щабэ дыдэт, ауэ и щхьэгъусэр ц1ыху тк1ийт, иджы л1ым жьэ и1этэкъым унагъуэм, псори фызым и жы1эм щ1этт. Кърагъэблагъэри, еупщ1ащ къэхъуамк1э:
-Уэлэхьи, ди благъэщ1эхэм я деж дык1уэн хуеймэ, ауэ дауэ дык1уа хъуну, сыт ди 1эмал?
-Къэлъыгъак1уэ ук1уэу щытам дауэт узэрык1уэнур? Уи лъэпкъым мис мыр, мор, адрейр (жи1эурэ си адэшхуэм кърибжэк1ри) здэпщ1ыгъунщ, дэри благъагъэ ди зэхуаку щыдэлък1э сэри гъусэ сыпхуэхъунщи, дык1уэнщ. Сэдэкъэ ящ1рэ, сэмбым иралъхьэн хуей 1эф1ык1эмрэ, хугу, фошыгъу, хьэжыгъэ, дагъэ хуэдэхэр пшэнщи зэф1эк1ащ.
-Псори къызгуры1уащ, ауэ си ф1эщ хъуркъым унэм щ1эсыр нэк1уэфыну. Т1эк1у зегъэсымаджэр.
-Уэлэхьи, уи ф1эщ щ1ы, си унэм щ1эсри зыи мынэхъузыншэ, ауэ абы емылъытауэ, т1ури зэгъусэу нит1ысхьэнурэ, нак1уэнущ. Л1э хъумэ, т1ури автобусым къитлъхьэнщи, къэтшэжынщ.
Сыт ищ1энт, к1уэжри и щхьэгъусэм псори жри1эжащ, ар си адэшхуэм ф1эл1ык1ти, жи1ар унафэти арэзы техъуащ.
Ар диным тк1ийуэ пэщ1этащ, ауэ Хабзэми сытым дежи тетащ. А т1ур зыгуригъэ1уэфырт. Си жагъуэ зэрыхъунщи, сэ ин сыхъуауэ, абы сыдэпсэужакъым, илъэсибл фэк1а сымыхъуу дунейм ар ехыжащ. Ауэ си анэшхуэм куэдрэ сыдэпсэуащ, куэдым сригъэсащ. Иджы т1ури си1эжкъым, ахърэт нэхур Алыхьым къарит, жэнэтк1э гуф1а ц1ыхум ахэр Алыхьым хилъхьэ. Мыдэк1э къыщ1эна дэ щ1эблэри абыхэм яхуэфэщэн ц1ыху Алыхьым дищ1.

среда, 5 ноября 2008 г.

Зэхуэс

Бжьыхьэ пщыхьэщхьэр щ1ы1эты1эт, акъужь щ1ы1эр уи нэкум иджэгухьыу итт. Ауэ а псор зыхэпщ1эну ухуейтэкъым, уи гур ф1ым хуэпабгъэт, укъыщалъхуа щ1ыналъэм къик1ауэ артист, ансамбль зыбжанэ уарихьэл1энут, абыхэм уи дэрэжэгъуэр къа1этынут, уи ныбжьэгъу псоми уа1ущ1энут, хъыбарыщ1э куэди зыхэпхынут. Сытми гъуэгуанэр зи к1ыхьагъым сыщ1эмыгупсысу, дунейр зэрыщ1ы1эр къыстемыхьэлъэу, сэ а пщыхьэщхьэм си унэ хуабэр къызэзнэк1ри, гъуэгу сытеуващ.
А Зэхуэсыр къызэзгъэпэщахэр сэ ф1ыуэ сц1ыхурт, мы зэ-мы т1эу дыздэщысат, хъер хъыбар куэди зыхуэт1уэтат. Ахэр псори щ1алэ ахъырзэманхэщ, абыхэм я хуэдэ куэд ди лъэпкъым къахэк1мэ, хэтмэ, ди лъэпкъыр к1уэдыжынущ жып1эу ущ1эгузэвэн лъэпкъ щы1экъым. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр мащ1э дыдэщ. Адыгэми жи1ащи: "Мащ1эрэ, 1эф1у" ахэр зэк1э ди1эщ.
Зэхьэзехуэр щек1уэк1ыну щ1ып1эм сек1уэл1ащ, аращи зэрыхабзэщи, ц1ыху къек1уэл1ар мэлым хуэдэу щ1ыхьэп1эм щызэхэтщ, зыри и к1уэц1ым щ1ыхьэркъым. Ину мэдыхьэшх, блэк1ми, къыблэк1ыжми я унафэ ящ1ри щ1алэхэр абдежым щызэхэтщ. Псори бдэнт, ямыхьэл лъэпкъ къагъэлъэгъуатэкъым, ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, 1упсыр ебгъэх зэрыхъур хэкъыу япхырык1ауэ зы ц1ыху щыттэкъым абы деж. Вакъэ пщыгъым и лъэгур ф1ей мыхъын щхьэк1э лъап1эпц1ийуэ залым сыщ1ыхьащ. А залым ущыхуэк1уэм деж, билетхэм ягъусэу журнал "Псынэри" телът. Ауэ мащ1э дыдэт абы щ1эупщ1эр, мыхьэнэшхуэ зыми ирэтакъым. Ауэ мыдэк1э укъэк1уатэм журнал гуэр "Территория....." сыт жи1эрэ сщ1эркъым, ар бгыуэ щы1эт, арати псоми ар зыбгырахащ. Урыбзэ - псэм и щ1асэр щы1эу, ахэр анэдэлъхубзэм пхуеплъынт?! Сытми урыс журналым пщ1э игъуэтри, ди адыгэ журналым нэк1э еплъакъым. Ауэ сф1эгуэныхь мэхъур сэ апхуэдэ бгъэдыхьэк1э зи1э ди щ1алэгъуалэр. Ящогъупщэр псоми бзэр дымыщ1эжмэ, лъэпкъри зыри дызэримыуасэр!
Адак1э док1уэр... Сытми концертым ф1ыуэ къык1эрыхуауэ щ1едзэр, псори щым мэхъур, сценэр къызэщ1онэри япэу "Нэлмэс" ансамблыр къохьэр. Ди насыпти езыгъэк1уэк1ым мы гъэм адыгэ фащэ пэлъытэу щыгъыныгъуэ щит1эгъат. Сценарий зытхар Къаныкъуэ Заринэти, а псалъэхэр 1ей зэрымыхъунумк1э сэ си гур зэгъат. Концертыр ек1уэк1ыурэ, "Предаторс" группэр къихьащ. Пэжым ухуеймэ, ахэри с1эщ1эужэгъуащ. Уэ дауи щ1ыи а брейк-дансыр брейк-дансщ. Абы щ1э лъэпкъ пхуэхэлъхьэнукъым, макъамэ закъуэр умыхъуэжмэ. Сытми ахэр къихьэху, зэ я к1э сиплъарэт жыс1эу сыщысащ. Хэт хуейми емык1у сыкърещ. "Хатти" ансамблым иджы уэрэд жи1эу къыщ1идзыжащ. Абыхэми адыгэ псалъэжьыр хуэбгъэфащэ хъунущ: "Зэщ1эж щы1ами, зыл1эж щы1энт". Хъунщ, гъуэшэндж зэвк1э утыкум къихьэрэ къафэу къаублати, "къэублэр - хабзэщ" жа1эри, ар псоми ирагъэхащ. Ауэ адыгэ уэрэд американ "кантрим" щытебгъыхьэм деж, ар гутехуэгъуейщ. Псори къызгуры1уэнт, жа1э псалъэхэр къыбгуры1уэу щытам, хьэмэрэ макъамэр нэхъ ирашэхам. Си тхьэк1умэ 1упсыр 1уиудащ. Ансамбль "Хатти"-м куэдыр и телъхьэщ. Щхьэж ар и 1уэхужщ. Ахэр иджыри куэдым зыхурагъэсэн хуейщ, тэрэзу я программэр гъэхьэзыра хъун хуейщ, армырамэ ящ1э псор зыри имыуасэу къызолъытэр. Ит1анэ ц1ыху хэзыщ1ык1ыр ущияк1уэ абыхэм щахуэхъум деж, абы жи1эр зыхащ1ык1ыу щытын хуейщ.
Адэк1э зы Хацаев гуэрым уэрэд жи1ащ. Жымы1эхам сыт хъунт?! Абы ипэ къихуэу ди бзэр, тхыдэр, нэмысыр, Хабзэр зэрытхъумэн хуейр къигъэлъагъуэу зы сюжет деплъат. Абы иужьк1э а Хацаевым уэрэд жи1эну щ1идзэри, ик1эщ1ып1эк1э бзылъхугъэ ныкъуэхуэпа гуп сценэм къилъэдащ. Апхуэдизк1э сыук1ытати, си щхьэр здэсхьынур сымыщ1эу, утыкум сыкъинат. Ауэ уеблэмэ, куэдым ар гурыхь щыхъуат. Псори и к1эм зыуц1эп1ыжар Сулът1анщ. Сэ абы псори зэф1эк1а иужьк1э зыхуэзгъазэу "псалъэ 1эф1ит1" жес1энт....... напэтех. Костюм плъыжьыбзэ, гъуэшэндж зэв абы пылъу къохьэр сценэм, ирешажьэри "Сосрыкъуэ" уэрэдым щ1едзэр. Насып и1эти сэ сценэм сыпэжыжьэт, армыхъуамэ а сценэм кърезгъэхынт ар. Умылъэгъуауэ, жып1эк1э ар ягъэ мык1ыну къыпщыхъунк1э хъунущ. Ит1анэ, шым хуэдэу дэцымейуэ сценэм итщ. Апхуэдиз илъэс бжыгъэ хъуауэ утыкум итыр, иджыри къэс къафэк1э зригъэщ1акъым. Зы махуэ "Кабардинка" ансамблым игъусэу Чайковскэм и ц1э зезыхьэ залым ар къыщык1уам, си гугъат, ар ц1ыху хъуауэ, ауэ сыщыуат.... Псалъит1 гъэхуауэ зыпищэфыркъым абы, сытк1э ущыгугъ хъуну?!
Джэгур дауэ хъуами сэ сщ1эркъым, абык1э сык1уакъым, иджыи сеплъакъым. Адрей илъэс блэк1ахэм ар зэрек1уэк1ар слъэгъуати, абык1э срикъуащ. Ауэ сыт ф1ыуэ а Зэхуэсым къытхуихьа жып1эмэ, ди пщащэхэр хуэпэк1э ирагъэсащ!!! Ари гуапэщ, ари 1уэхушхуэщ. Зы мыхъуами ц1ыхум щахыхьэм деж, ек1уу хуапэуэ щытщ.
Псори зыхэплъхьэжмэ, Зэхуэсыр сигу ирихьакъым. Ауэ си гум 1эф1у къинэжар видео-сэтырэ зы щ1алэм игъэхьэзырар аращ. Икъук1э дахэт, щ1эныгъэ къэзыхэпхынрэ, ущияк1уэ пхуэхъунрэ куэд къигъэлъэгъуащ, узэрыпагэн, узэрыгушхуэн хуэдэ видео-сэтырэт ар. Ину берычэт бесын абы жес1эну сыхуейт. Щ1алэ ахъырзэманщ, 1ущщ, гъэсащ, Адыгэ лъэпкъым щхьэк1э зи гур уз ц1ыхущ!!!
Си тхыгъэм и к1эухыу, сэ жыс1эну сызыхуейр зыт: а дыгъуасэ тлъэгъуам дерс къыхэтхыну, мыхъуар дгъэхъуну, ди напэр тхъумэжыну, ди лъэпкъым и ц1эр ф1ык1э жедгъэ1эну, ди Хабзэмк1э ц1ыхум дэхэтыфыну, уадыгэу ущытыныр зэрымытыншыр тщымыгъупщэу илъэс бжыгъэ ди щхьэщыгум итым къытхуигъэфэщар етхьэк1ыну!!!

воскресенье, 2 ноября 2008 г.

Лъэрмыхь

Сайт www.heku.ru Журналы къудамэм къисхащ мы тхыгъэри...

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди лъэпкъыр пшахъуэм хуэдэу дунейм псом щикъухьа хъуащ. Лъэпкъым и нэхъыбэр хамэ къэралхэм щопсэу. Абы и зэранк1э ди бзэри зыщхьэщык1ащ, зихъуэжащ, ди псэук1эхэри зэмыщхь хъуащ. Ар у1умыуауэ къыбгуры1уэнукъым. Куэдым «сыт мыбы жи1эр?! Щхьэ игъэузу аращ», жа1энущ, ауэ «хуэмызэ л1ыф1щ», же1эр адыгэ псалъэжьым. Мыдэ къызжеф1эт, хэт и1э адыгэ ныбжьэгъу, благъэ ди щ1ып1эм щымыпсэууэ? Ахэр сэ жыc1эм къыдежьыуунущ, сызхащ1ык1ынущ... Аращи фыкъэда1уэ. Мыдэ си1эщ сэ зы ныбжьэгъу, иджыри нэхъыщхьэ еджап1эм нэ1уасэ дызэхуэхъуауэ. Ар щыщщ Къэрэщей Шэрджэсым дэс ди адыгэхэм. Ар насып ди1эщи хамэ къэралкъым, ауэ ит1анэми, абыхэмрэ дэрэ ди псалъэк1эр зыщхьэщок1ыр. Абырэ сэрэ зы пэшым общежитием дыщ1эсат. Арати япэ илъэс псом си анэдэлъхубзэр щ1эрыщ1эу зджауэ къысщыхъуат. Сыт щхьэк1э жып1эмэ абы и псалъэк1эмрэ сысеймрэ зэтехуэтэкъым, иныкъуэм дежи жи1эри къызгуры1уэртэкъым. Псом япэу делэ ц1ык1ум хуэдэу си жьэр 1урыхьуауэ куэдрэ сыщеплъар «ушхэну», жыс1эу сыщ1еупщ1ым, «сц1ыхукъым» жи1эу жэуап къыщызитыжам щыгъуэщ. «Сыт умыц1ыхур? Шхыныр къызхэщ1ык1ар ара, хьэмэрэ мы джэд шыпсым хэлъ джэдымрэ уэрэ фызэрыц1ыхуу щымытауэ ара?» жыс1эри сыдыхьэшхащ. Т1эк1уи и жагъуэ ищ1а си гугъэщ абы щыгъуэм, ауэ зыкъызигъэщ1акъым. Ишхын ишха иужь, дзы т1ощ1рэ пщ1ырэ си шыпсым ф1ищащ: «хужьти, шатэ хэтти, джэдыр хэлъу шыпс пщ1ати». Абы иужьк1э апхуэдэ хьэлэмэт куэд шхыныгъуэм теухуауэ сигъэщ1ащ. Абыхэм к1эрт1офыр яупсыр, ямыукъэбзу, хупхъэм щхьэк1э хьэлывэху жа1э, бжьыныху шыпсым щхьэк1э 1эпэшыпс жа1эр, зык1эрызым щхьэк1э тхьэвхьэлыуэ жа1эр, абы я тхьэмадэмрэ ди тхьэмадэмрэ зыкъым. Я щхьэгъусэм щхьэк1э тхьэмадэ жа1эу, дэ тхьэмадэк1э дызэджэм ахэр пщыжьк1э еджэу къыщ1эк1ащ… Ит1анэ зы махуэ гуэр, абы и щ1эк1ыгъуэмрэ, си къыщ1ыхьэжыгъуэмрэ зы хъури, зблитхъуу щ1эжащ «согузавэр» жери. Арати сэри сигу ф1ы къэк1ынт, 1эджэми сегупсысащ, куэд зэзгъэзэхуащ. «Ярэби зэ къэсыжу къэхъуар къысжи1арэт» жыс1эу, дакъикъэхэр сыбжыу, къысхуэмыгъэсыжу сыщысащ. Арати къэсыжщ абыжми, «сыт къэхъуар?» жыс1эу сыщеупщ1ым. «пари», жи1эри сызтригъэхьакъым. Пари зыри жи1эу аращ. «Нт1э согузавэр жып1эу, си лъапэр пыпчу, дэнэ ущ1эжа нобэ» щыжыс1эм, «ааааа, ара жыхуэп1эр?!», жи1эри къэдыхьэшхащ. 1уэхур зытетыр къыщызгуры1уам, си щхьэр ф1эзудыжащ. Емынэм сызэрихуэу, си щхьэ мыуз боз есшэк1ыжащ, жыс1эри. Сыт фи гугъэрэ абык1э си ныбжьэгъум жи1эну зыхуеяр? Соп1ащ1э жи1ауэ къыщ1эк1ащ. Псом нэхърэ нэхъ 1ейр къызэплъыурэ, и щхьэ «нт1э» жи1эу сигъэлъагъуурэ «ы1ы!» щыжи1эм дежт. Нобэ къыздэсым сесэркъым абы. Зымыщ1эхэхэр дауэ къелрэ?! Я «къыск1эрыт1ысхьэр» сыт и уасэ? Апхуэдэу парэм къык1эрыхуа ди курсэгъу щ1алэм здэт1ысын къилъыхъуэрти, еджэри жи1ащ: «къак1уэ, къыск1эрыт1ысхьэ!» си гугъащ группэм щ1эс псори псэууэ къемылыну, апхуэдизк1э дыхьэшхэн ящыхъуати. Гъатхэр къихьа къудейт, дунейр къэушат, бзухэр бзэрабзэт, гъащ1эр нэгъуэщ1 зыгуэру къыпщохъур а зэманым деж. Сытми 1ейэ зыдгъэдахэнут, щ1алэ формэ гупыр, пщащэ фэсэтым дыкъихьэжу щ1эдза къудейт…Апхуэдэ зы пщэдджыжь гуэрым си «пари зымыц1ыху» ныбжьэгъум и нэм чы къытридзауэ зыгуэр къилъыхъуэрт. «Дэни схьауэ п1эрэ? Дыгъуасэ слъэгъуа къудейщ»….Сэ сэбэп сыхъуну п1эрэ жыс1эри къилъыхъуэмк1э сеупщ1ащ. «Си к1эпхын баринэращ жыхуэс1эр. Здэк1уар сц1ыхукъыми собамп1эр». Арати 1энкун сыкъэхъуауэ «Тобэ, пщэдджыжь нэмэзым сыт хуэдэ к1эпхын баринэ мыбы къилъыхъуэр?!» жызо1эри согупсыс. «Иджы к1эпхын зы1уилъхьэуи и гъащ1эм слъэгъуакъым, ари ф1ыц1эу, иджыи баринэу»….Ней зэман къигъуэтыжри «к1эпхын» жыхуи1эу къилъыхъуауэ къыщ1эк1ар к1эт. «Алыхь дыщэу дыкъэзгъэщ1а, сыту п1эрэ иджыри мыбы сымыщ1эу хьэлэмэту зыхызигъэхынур», жыс1эри сыщэтащ. Дыдежхэм куэдрэ си ныбжьэгъум и гугъу сщ1ыурэ зыхахати, къезгъэблагъэу, езгъэц1ыхуну унафэ къысхуащ1ри тхьэмахуэ махуэм Налшык сыкъаут1ыпщыжащ. Сэри «си пари зымыц1ыху» си адыгэр дыдежхэм нэ1уасэ яхуэсщ1ыну сыхуейти, я дежхэм жрезгъы1эри, къэк1уэну тхьэмахуэм ди деж езгъэблэгъащ. «Ауэ фи деж сэ си 1эр щ1эзупск1эу сынэк1уэфынкъым, зы тучан гуэр дыщ1эгъыхьи, уи анэшхуэм саугъэт хуэсщ1ын гуэр къэдгъэщэху», жери. Псоми къызэрывгуры1уащи, тучаныр дэ тыкуэн жыхуэт1эр аращ. Гъуэгу дызытеувар гъунэгъутэкъыми, мурад сщ1ащ, 1эмал зэри1эк1э сы1урыупщ1ыхьыну, сыт хуэдэ псалъэхэр иджыри я1э, къыщытпсэлък1э зэщхьыу, ауэ къик1ыр нэгъуэщ1у. Дэ уэшх къыщешхым деж т1ыгъ жауэм щхьэк1э урыс псалъэр къагъэсэбэпу, ит1анэ дэ тебэ жыт1эм, абыхэм табэ жа1эу къыщ1эк1ащ. Упщ1э-жэуап дыздэджэгуурэ си къуажэ ц1ык1уми дынэсащ. Си ныбжьэгъур ирагъэблэгъащ дыдейхэм, 1энэр зи пэ-зи пэу къагъэуващ. Зы тэлай дэк1ри, си анэмрэ си анэшхуэмрэ, лъэпкъым и нэхъыжьым и деж щ1эупщ1ак1уэ щ1эк1ащ. Дэри а зэманым къриубыдэу къуажэр къызхэтк1ухьащ, псори дызрипагэ ди мэжджытышхуэм сшэри зыщезгъэплъыхьащ, ди мэз гъунэхэр езгъэлъэгъуащ, Шэрэдж и 1уфэм къыщыдущыхьащ. Дыкъэсыжри, си анэри къысыжауэ къыщ1эк1ащ. Сыщ1эупщ1ащ дауэ щытми здэк1уар. «Алыхь ди жагъуэ зэрыхъунщи икъук1э лъэрмыхьмэ, гущ1эгъу Алыхьым къыхуищ1», жери. Арати сеплъыурэ си ныбжьэгъум и фэр шэм хуэдэу пычащ. «Къэхъуар сыт?» жыс1эу сыщеупщ1ым жэуап къызитащ «Алыхь иджы япэу зэхэсхыу арам, л1ыжьыр лъэрмыхьыу!!!» «Сыт абы гъэщ1эгъуэну хэлъыр? И ныбжьыр ф1ыуэ илъэс пщ1ейм ф1ихуащ. Псори Алыхь 1эмырщ». «Ар дауэ л1ыжьыр лъэрмыхьыу?», жери бэяужтэкъым си ныбжьэгъур. Псори къызгурымы1уэу пызыхыжар сэрат….Ит1анэ селъэ1уащ гъэщ1эгъуэн щыхъуар къысхуи1уэтэну. Къызэрыщ1эк1амк1э, лъэрмыхь жи1эм абыхэм я дежк1э уэндэгъу къик1ыу арат...

Гушы1э

1. Унагъуэм нысэ нэхъыщ1э къэшат. Гуащэр ц1ыху щабэ, гуак1уэу щытт, къэйгъэ лей зэримыхьэу. Езым лей къытехьэми, лей къезыхам зыгуэрк1э игу еуэжыну хузэф1эк1ынутэкъым. Я нысэ нэхъыщ1эр хуэмыхут егъэлеяуэ. Шыджагъуэм къэтэджт, шхэти аргуэру шыджагъуэ жей ищ1ыну лэгъунэм щ1ыхьэжырт. Нысэ нэхъыжьыр псэм хуэдэт, гуащэми ф1ы дыдэу илъагъурт, ауэ а зым псори и пщэм дэлъти, гуащэм ф1эгуэныхь хъурт. Зы махуэ гуэрым гуащэм мурад ещ1, дауэ мыхъуми нысэ нэхъыщ1эм и напэм хуеджэну, игъэук1ытэну. Лэгъунэм и щхьэгъубжэ лъабжьэм гуащэм щ1оувэри же1эр:
- А-на, сытуи пщ1ант1э ф1ей дыдэ мыр, дэнэ щы1эу п1эрэ ди пщ1ант1э жыхапхъэр? Сыпхъэнк1ынт мы т1эк1ур.
- Ар дауэ, нанэ? Сыт "сыпхъэнк1ынт" жыхуэп1эр? Сэ сыдэсу, ар уэ уэзгъащ1эу? - жи1ащ нысэ нэхъыжьым.
- Алыхь, уэ пщ1эныр езым уи щхьэм ф1ок1ым, сэ зыгуэрк1э сэбэп сыхъу хъунукъэ?
Арати зэдауэ абдеж къэхъеящ. Куэдрэ зэдэуа, мащ1эрэ зэдэуа, сытми я нысэ нэхъыщ1эм щхьэгъубжэр къызэ1уихри жи1ащ:
- Кхъа, фызэмыдауэу гъуэрыгъуэу фыпхъэнк1....


2. Нысэм жьыщ1ыгъэ ф1идзэу здэщытым и гуащэр плъэри жи1ащ:
- Уа, зи гъащ1эр к1ыхь хъун, иджы щы1э нысащ1эхэм я жьыщ1ыгъэр зэгъэлъауэ ф1адзэр, дахэк1ейр и махуэу. Уэ т1эк1у нэхъ зэбгъэлъам нэхъ дахэ мыхъуну п1эрэт?
Нысэр унэм щ1ыхьэжщ, жьыщ1ыгъэ зэрылъ фалъэр къищтэри и гуащэм и пащхьэм щригъэувэхащ:
- Мэ, нанэ, ухуейм "гармошкэу", ухуейм "пианинэу" уи жьыщ1ыгъэр ф1эдзэ....