среда, 5 ноября 2008 г.

Зэхуэс

Бжьыхьэ пщыхьэщхьэр щ1ы1эты1эт, акъужь щ1ы1эр уи нэкум иджэгухьыу итт. Ауэ а псор зыхэпщ1эну ухуейтэкъым, уи гур ф1ым хуэпабгъэт, укъыщалъхуа щ1ыналъэм къик1ауэ артист, ансамбль зыбжанэ уарихьэл1энут, абыхэм уи дэрэжэгъуэр къа1этынут, уи ныбжьэгъу псоми уа1ущ1энут, хъыбарыщ1э куэди зыхэпхынут. Сытми гъуэгуанэр зи к1ыхьагъым сыщ1эмыгупсысу, дунейр зэрыщ1ы1эр къыстемыхьэлъэу, сэ а пщыхьэщхьэм си унэ хуабэр къызэзнэк1ри, гъуэгу сытеуващ.
А Зэхуэсыр къызэзгъэпэщахэр сэ ф1ыуэ сц1ыхурт, мы зэ-мы т1эу дыздэщысат, хъер хъыбар куэди зыхуэт1уэтат. Ахэр псори щ1алэ ахъырзэманхэщ, абыхэм я хуэдэ куэд ди лъэпкъым къахэк1мэ, хэтмэ, ди лъэпкъыр к1уэдыжынущ жып1эу ущ1эгузэвэн лъэпкъ щы1экъым. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр мащ1э дыдэщ. Адыгэми жи1ащи: "Мащ1эрэ, 1эф1у" ахэр зэк1э ди1эщ.
Зэхьэзехуэр щек1уэк1ыну щ1ып1эм сек1уэл1ащ, аращи зэрыхабзэщи, ц1ыху къек1уэл1ар мэлым хуэдэу щ1ыхьэп1эм щызэхэтщ, зыри и к1уэц1ым щ1ыхьэркъым. Ину мэдыхьэшх, блэк1ми, къыблэк1ыжми я унафэ ящ1ри щ1алэхэр абдежым щызэхэтщ. Псори бдэнт, ямыхьэл лъэпкъ къагъэлъэгъуатэкъым, ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, 1упсыр ебгъэх зэрыхъур хэкъыу япхырык1ауэ зы ц1ыху щыттэкъым абы деж. Вакъэ пщыгъым и лъэгур ф1ей мыхъын щхьэк1э лъап1эпц1ийуэ залым сыщ1ыхьащ. А залым ущыхуэк1уэм деж, билетхэм ягъусэу журнал "Псынэри" телът. Ауэ мащ1э дыдэт абы щ1эупщ1эр, мыхьэнэшхуэ зыми ирэтакъым. Ауэ мыдэк1э укъэк1уатэм журнал гуэр "Территория....." сыт жи1эрэ сщ1эркъым, ар бгыуэ щы1эт, арати псоми ар зыбгырахащ. Урыбзэ - псэм и щ1асэр щы1эу, ахэр анэдэлъхубзэм пхуеплъынт?! Сытми урыс журналым пщ1э игъуэтри, ди адыгэ журналым нэк1э еплъакъым. Ауэ сф1эгуэныхь мэхъур сэ апхуэдэ бгъэдыхьэк1э зи1э ди щ1алэгъуалэр. Ящогъупщэр псоми бзэр дымыщ1эжмэ, лъэпкъри зыри дызэримыуасэр!
Адак1э док1уэр... Сытми концертым ф1ыуэ къык1эрыхуауэ щ1едзэр, псори щым мэхъур, сценэр къызэщ1онэри япэу "Нэлмэс" ансамблыр къохьэр. Ди насыпти езыгъэк1уэк1ым мы гъэм адыгэ фащэ пэлъытэу щыгъыныгъуэ щит1эгъат. Сценарий зытхар Къаныкъуэ Заринэти, а псалъэхэр 1ей зэрымыхъунумк1э сэ си гур зэгъат. Концертыр ек1уэк1ыурэ, "Предаторс" группэр къихьащ. Пэжым ухуеймэ, ахэри с1эщ1эужэгъуащ. Уэ дауи щ1ыи а брейк-дансыр брейк-дансщ. Абы щ1э лъэпкъ пхуэхэлъхьэнукъым, макъамэ закъуэр умыхъуэжмэ. Сытми ахэр къихьэху, зэ я к1э сиплъарэт жыс1эу сыщысащ. Хэт хуейми емык1у сыкърещ. "Хатти" ансамблым иджы уэрэд жи1эу къыщ1идзыжащ. Абыхэми адыгэ псалъэжьыр хуэбгъэфащэ хъунущ: "Зэщ1эж щы1ами, зыл1эж щы1энт". Хъунщ, гъуэшэндж зэвк1э утыкум къихьэрэ къафэу къаублати, "къэублэр - хабзэщ" жа1эри, ар псоми ирагъэхащ. Ауэ адыгэ уэрэд американ "кантрим" щытебгъыхьэм деж, ар гутехуэгъуейщ. Псори къызгуры1уэнт, жа1э псалъэхэр къыбгуры1уэу щытам, хьэмэрэ макъамэр нэхъ ирашэхам. Си тхьэк1умэ 1упсыр 1уиудащ. Ансамбль "Хатти"-м куэдыр и телъхьэщ. Щхьэж ар и 1уэхужщ. Ахэр иджыри куэдым зыхурагъэсэн хуейщ, тэрэзу я программэр гъэхьэзыра хъун хуейщ, армырамэ ящ1э псор зыри имыуасэу къызолъытэр. Ит1анэ ц1ыху хэзыщ1ык1ыр ущияк1уэ абыхэм щахуэхъум деж, абы жи1эр зыхащ1ык1ыу щытын хуейщ.
Адэк1э зы Хацаев гуэрым уэрэд жи1ащ. Жымы1эхам сыт хъунт?! Абы ипэ къихуэу ди бзэр, тхыдэр, нэмысыр, Хабзэр зэрытхъумэн хуейр къигъэлъагъуэу зы сюжет деплъат. Абы иужьк1э а Хацаевым уэрэд жи1эну щ1идзэри, ик1эщ1ып1эк1э бзылъхугъэ ныкъуэхуэпа гуп сценэм къилъэдащ. Апхуэдизк1э сыук1ытати, си щхьэр здэсхьынур сымыщ1эу, утыкум сыкъинат. Ауэ уеблэмэ, куэдым ар гурыхь щыхъуат. Псори и к1эм зыуц1эп1ыжар Сулът1анщ. Сэ абы псори зэф1эк1а иужьк1э зыхуэзгъазэу "псалъэ 1эф1ит1" жес1энт....... напэтех. Костюм плъыжьыбзэ, гъуэшэндж зэв абы пылъу къохьэр сценэм, ирешажьэри "Сосрыкъуэ" уэрэдым щ1едзэр. Насып и1эти сэ сценэм сыпэжыжьэт, армыхъуамэ а сценэм кърезгъэхынт ар. Умылъэгъуауэ, жып1эк1э ар ягъэ мык1ыну къыпщыхъунк1э хъунущ. Ит1анэ, шым хуэдэу дэцымейуэ сценэм итщ. Апхуэдиз илъэс бжыгъэ хъуауэ утыкум итыр, иджыри къэс къафэк1э зригъэщ1акъым. Зы махуэ "Кабардинка" ансамблым игъусэу Чайковскэм и ц1э зезыхьэ залым ар къыщык1уам, си гугъат, ар ц1ыху хъуауэ, ауэ сыщыуат.... Псалъит1 гъэхуауэ зыпищэфыркъым абы, сытк1э ущыгугъ хъуну?!
Джэгур дауэ хъуами сэ сщ1эркъым, абык1э сык1уакъым, иджыи сеплъакъым. Адрей илъэс блэк1ахэм ар зэрек1уэк1ар слъэгъуати, абык1э срикъуащ. Ауэ сыт ф1ыуэ а Зэхуэсым къытхуихьа жып1эмэ, ди пщащэхэр хуэпэк1э ирагъэсащ!!! Ари гуапэщ, ари 1уэхушхуэщ. Зы мыхъуами ц1ыхум щахыхьэм деж, ек1уу хуапэуэ щытщ.
Псори зыхэплъхьэжмэ, Зэхуэсыр сигу ирихьакъым. Ауэ си гум 1эф1у къинэжар видео-сэтырэ зы щ1алэм игъэхьэзырар аращ. Икъук1э дахэт, щ1эныгъэ къэзыхэпхынрэ, ущияк1уэ пхуэхъунрэ куэд къигъэлъэгъуащ, узэрыпагэн, узэрыгушхуэн хуэдэ видео-сэтырэт ар. Ину берычэт бесын абы жес1эну сыхуейт. Щ1алэ ахъырзэманщ, 1ущщ, гъэсащ, Адыгэ лъэпкъым щхьэк1э зи гур уз ц1ыхущ!!!
Си тхыгъэм и к1эухыу, сэ жыс1эну сызыхуейр зыт: а дыгъуасэ тлъэгъуам дерс къыхэтхыну, мыхъуар дгъэхъуну, ди напэр тхъумэжыну, ди лъэпкъым и ц1эр ф1ык1э жедгъэ1эну, ди Хабзэмк1э ц1ыхум дэхэтыфыну, уадыгэу ущытыныр зэрымытыншыр тщымыгъупщэу илъэс бжыгъэ ди щхьэщыгум итым къытхуигъэфэщар етхьэк1ыну!!!

2 комментария:

Anzor комментирует...

Пэжщ псори, ауэ а уэ жыхуэп1э Псынэ журналыр псори щыухам щыгъуэ згъуэтыжакъым, ауэ "мыдэк1э укъэк1уатэм журнал гуэр "Территория....." бгыр зэрыщылъам хуэдэу щылът :( си жагъуэ хъуащ.

Tembot комментирует...

Пэжыр жыс1энщи, сэри гу лъыстащ абы. Ц1ыху зы-т1ум къалъыхъуэжщ иужьк1и зыми ягъуэтыжакъым. Ари зи ягъэр Зэхуэсыр зыгъэхьэзырар аращ, сыт щхьэк1э жып1эмэ, сэ яжес1ат, а "Псынэ" журналыр къевгъаши пщ1э хуэфащэр хуэдвгъэщ1, мыхъумэ, сэ езым и 1уэху зесхуэнщ. Ауэ сэ сыхэмыхьэми 1уэхур зэф1эк1ыну жа1эри, 1эпэдэгъэлэл ящ1ыжащ. Журналищэм щыщу пщ1ы къудейщ ц1ыхум къащтар. Сэ езым пщ1ы занщ1эу къэсщтащ, си ныбжьэгъухэм ястыжыну. А пщ1ыри с1ыгъыу куэдрэ абы деж ц1ыхухэм сахэтащ, мащ1э дыдэщ абы щ1эупщ1ар. Армырами, сыщымыуэм а журналыр Мэзкууи къыщыпхуэщэхуну щытщ. Ауэ къыдэк1ыгъуэ къэс т1ощ1 нэхърэ нэхъыбэ ща хъуркъым.