суббота, 6 декабря 2008 г.

Гупсысэ

Сыту ф1ыт мы илъэсыр и к1эм зэрынэсар. Гугъут, хьэлъэт, гузэвэгъуэ куэд щытлъэгъуащ, гуф1эгъуэ гуэри нэрылъагъу хъуак1эщ, ауэ 1эмал имы1эу, ф1ым 1ейр иужьым иту къэк1уащ. Зы ц1ыхугъэ гуэрым жи1ащ зы махуэ:"Сэ илъэсыщ1эр къихьащ жыс1эу згъэлъап1энукъым, мы илъэсыжьыр йок1ыр, жыс1эу, хэ1этык1ауэ згъэлъап1энущ". Дауик1 жып1энщ апхуэдэу гузэвэгъуэм ущыхэмык1к1э. Сызоплъэк1ыжри, къызгуро1уэр зэманыр псынщ1эу зэрык1уар, мис иджы мэхъур щыжып1эм деж, зыгуэр къып1эщ1эуэу п1эпщ1иуду уи гурылъхэр ек1уэк1ащ илъэсыр. Хэкужьымк1э ук1уэжрэ, уи гур щ1эгуф1эн куэд умылъагъуу укъэк1уэжмэ, мыдэк1э къэбгъэзэжрэ лэжьыгъэ ф1эк1а нэгъуэщ1 зыри 1уэхугъуэ уимы1эу, зэманыр бгъак1уэмэ, дэрэ гурыф1ыгъуэр?! Щы1эжкъым япэм щы1а зэхущытык1эхэр. Ц1ыхум ц1ыхур къытехьэлъэ хъуащ. Жьэк1э ямы1уэтэфми, нэк1э уагъэлъагъу хъуащ. Сыщ1этхьэусыхэн щы1экъым, ауэ дауэ мыхъуми илъэсыр гугъусыгъут. Къак1уэным щхьэк1э зыри жыс1энкъым, бжэм къытеу1уэ хъуа иужьк1э, хьэщ1э лъап1эу ебгъэблэгъэнщ. Мы илъэсым муслъымэн динымк1э ди илъэсыщ1эри, чристэнхэм я динымк1и я илъэсыщ1эр зы махуэу жып1эу зэтохуэр...

3 комментария:

Shrks Li комментирует...

ээ, т1эк1у зэтымехуэ си гугъэщ.))

Shrks Li комментирует...

сытыми, Тхьэм и нэхук1э пхуигъэтынш.))

Tembot комментирует...

Ди динымк1э Дыгъэгъазэм и 29-м илъэсыщ1эр къохьэр. Мыдрейхэм яйр иужьк1э къок1уэр...