понедельник, 22 декабря 2008 г.

Адыгэ Хасэ

Мэрем пщыхьэщхьэм Адыгэ Хасэр зэхуэсти, сахэплъэнщ жыс1эри абык1э зрезгъэхьэк1ащ. Пщыхьэщхьэр щ1ы1э дыдэт, жьыр къепщэрт, къупщхьэм ит1ысхьэт, нэк1ум къуиуэрт, нэпсыр къыщ1ихуу. Станцэ сыкъыздик1ам ф1ы дыдэу пэ1эщ1эт а сыздеблагъэну унэри, лъэсу ежьа сыхъуар, къик1уэт симы1эурэ сыхуэк1уэрт. Зэхьэзехуэр щек1уэк1ынур Финансовэ Академиер арат. Зык1и ар сэ гъэщ1эгъуэн сщыхъуакъым, сыт щхьэк1э жып1эмэ, псоми зэрытщ1эщи а Академием и нэхъыщхьэр Шэрджэсым щыщщ. Абы щрагъэк1уэк1ын пэш къаримытмэ, хэт къаритынт?! Адыгэми жа1ащи: "1ит1ыр зэрыщ1эмэ, зэротхьэщ1ыр". Ауэ сытым дежи апхуэдэу щыткъым. Сэ зэхъуэк1ыныгъэ гуэр хэслъхьэнт... "я федэ щыхэлъым деж ф1ы дыдэу зэротхьэщ1ыр". Сытми жьымрэ, щ1ы1эмрэ къызэныкъуэкъуурэ щ1ып1эм сынэсащ. Сыплъэри ц1ыху мащ1э дыдэт къэзэхуэсар, пщащэ зы-т1ущи яхэтт. "1ыхьы, сыту ф1ыт ди пщащэхэри мыбы къызэрык1уар, абы къик1ыр мыхьэнэ и1эщ 1уэхугъуэ кърахьэжьам". Сахыхьащ, ц1ыху зыбжанэми сэлам есхащ. Зы пщащэ гуэрым занщ1эу си нэр техуащ, ар икъук1э нэщхъ бзаджэк1э псоми къытхэплъэт, Начо Аслъэнбэч дащ1ыгъут ар. Къыпщыхъурт ар къоплъыурэ уи к1уэц1ым илъыр кърихыну. Нэ бзаджэ и1эт. Зыгуэрк1э арэзытэкъым ар, ауэ зыри жи1эмы1эу, къызыхуэсахэм яхэплъэрт. Къэзыц1ыху зыбжани къыбгъэдыхьэурэ сэлам кърахащ. Мыдэ плъак1уэ-дэуак1уэ къэк1уа гуэрт. Гъэщ1эгъуэныр аракъэ, и нэк1у зы1ууар зэуэ дыгъэ нэбзий пшэр къыкъуэплъыжам хуэдэу, нэху къэхъужырт Начом гушы1э гуэр жи1а нэужьк1э. "Здэт1ысыр зэзгъэлъэгъунщи, ит1анэ сык1элъыплъынщ. Абы нэхъ лейуэ, адрейхэми хуэмурэ сахэплъэнщ", жыс1эри мурад сщ1ащ. Псори пэшышхуэ гуэрымк1э дашэри, дыщет1ысэхащ. Зы ц1ыху т1ощ1рэ пщ1ырэ къек1уэл1а хъунт. Моуэ псори зэгъусэ ящ1ри ягъэт1ысащ. Арати ц1ыхухэм хуэмурэ сахэплъэн щ1эздзащ. Къек1уэл1ам и нэхъыбэр щ1алэгъуалэт, нэхъыжь гуэрхэри щ1эст. Аджырбэ нэхъыжьхэм я нэхъыщхьэти драшеящ ягъэпсалъэну. И нэмыс нэхъ лъагэ хъуи, схуэшэчкъым а л1ыр. Хъунри, мыхъунри же1эр, гушы1э и гугъэурэ, мышу куэд къыжьэдок1ыр. Апхуэдиз уи ныбжьыр хъуа иужьк1э, нэхъыщ1эр чэнджэщак1уэ уи деж къак1уэрэ, к1упщ1э зыхэлъ чэнджэщ пхуетмэ, нэхъыбэ ухуейкъым. Сытым щхьэк1э ц1ыхум уаужэгъуху упсалъэн хуей?! Ит1анэ Къэбардэ Мухьэмэд. Щ1эныгъэл1щ, ц1ыху губзыгъэщ.... Аращ абы хужып1эфынур, адыгагъэк1и, нэмыск1и, бзыпхъэк1и сэ зыри схужы1энукъым, дэслъэгъуа щы1экъыми. Ит1анэ куэдым яц1ыхуу къыщ1эк1ынукъым ар, апхуэдэ щ1эныгъэл дызэри1эр, хьэмэрэ сэ гъащ1э мащ1э щызгъэк1уауэ ара мыбы?! Нэгъуэщ1 щ1эныгъэл1 куэди щы1ащ а зэхуэсым. Даурхэ, Жэрыгъухэ (Жеругов, адыгэбзэк1э унэц1эр пхэнжу зэздзэк1ынк1и мэхъур), Делэкъарэхэ (Делокаров), Сокъур Валерэ, К1ыщокъуэ Александр, нэгъуэщ1хэри. Абыхэм яхэсащ Хьэпсирокъуэ Мурат. иджы ар Адыгейм я л1ык1уэщ Мэзкуу къалэм. Дауэ п1эрэ ар а увып1эм зэрытеувар....? А псом и нэхъыбэм урыс фыз я1эхэщ. Апхуэдэ унагъуэ зи1эм, дауи адыгэбзэк1э псалъэу щ1эблэ и1э къыщ1эк1ынкъым. Езыхэм яхуэмыхъума ди Хабзэ, нэмыс, бзыпхъэр иджы къа1этыжын ягу илъщ. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, щхьэгъэпц1эжу аращ ахэр псори. Уэ уи бын унагъуэм пхухэмылъхьа псом ц1ыхубэ посм яхэпщэну ущ1эныкъуэкъуэнур сщ1эркъым сэ! Япэ щ1ык1э уи унагъуэм къыщыщ1эдзэ, ар псоми щапхъэ яхуэхъун щхьэк1э.
Сытми кърахуэк1 нрахуэк1ри зыми хуэк1уакъым зэ1ущ1эр. Пэжыр жыс1энщи, ди нэхъыжьхэм ягъэлъагъуащ хьэлщэн нэхъыщ1эхэм яхэмылъын хуейр. Пщ1эи, нэмыси, хабзи зэрыщымы1эжыр нэрылъагъу къэхъуащ. Ц1ыхуипщ1 къэпсэлъа хъунти, зым жи1ар адрейм къи1уэтэжурэ, пщыхьэщхьэм и ныкъуэ псор ягъэк1уащ. Ц1ыху къек1уэл1ахэм апхуэдиз псалъэмакъ к1ыхьл1ыхьыр яхуэмышэчыжу, къэтэджурэ "Кхъы1э, дыкъыщ1ызэхуэса 1уэхугъуэм щхьэк1э ди 1эр дывгъэ1эти, дызыбгырывгъэк1ыж". Адыгэм дауэ жи1эрэ: "Ерэхъурэ, хъунрэ щы1эу, уи ней къысщыхуэ"? Аращи мис "ерэхъурэ, хъунрэ" зыф1эмык1ыурэ, сыхьэтищым нэсыхук1э дыщ1эсащ. Зэхьэзехуэр зыхуэк1уар Адыгэ Хасэр къа1этыжыну аращ. Абы и нэхъыщхьэу Адыгейм щыщ щ1алэ, мыбы спорт клуб "Адыгэ" жыхуи1эм и нэхъыщхьэщ ар иджыпсту. 2006 илъэсым лъандэрэ Хасэр щы1эжкъым, а илъэсым щ1эрыщ1эу ар регистрация ящ1ын хуейти, ящ1акъым. Арати Хасэми "ук1элъыпсэур" къылъысащ. Иджы а зэхуэсыр къщ1рахьэжьар, 1э 1этк1э унафэ ящ1у Хасэр къэунэхужыну, тхьэмэдэщ1и абы трагъэувэну. Куэдыр щыпсалъащ абы, куэд жэ1ащ, ауэ сэ къызэрысщыхъуамк1э Къбэрдейм я ф1эф1 хъуркъым абы Адыгейм щыщ щ1алэ тхьэмадэ зэрыхуэхъунур. Иджы щэху ц1ык1уу зыпэщ1эува хъуащи, адэк1э кърик1уэр тлъэгъунщ. Псори арэзы техъуащ хасэр къэ1этыжын зэрыхуейр. Иджы ар газетэм традзэу, ит1анэ мазищ дэк1ыу Хасэр къыз1уахыжын хуейщ.
А жыхуэс1а пщащэм деж сыплъэти, и нэк1ур зэрызэ1ууэр слъагъурэ зэ1ууэт. И нэм бамп1эмрэ, губжьымрэ гъуэрыгъуапщк1уэ щызэдэджэгуу къыпф1эщ1ырт. Зэ маф1эм хуэдэу къызыщ1энэрт, зэми умазэхыжырт. "Мыр къэтэджу, дапщэщ мыбыхэм зыгуэр щажри1энур", жыс1эу сэри абы сык1элъыплъырт. Ауэ 1ым жимы1эу, жа1а псоми еда1уэри, къэтэджри щ1эк1ыжащ. И нэр къимы1эту щ1эк1ыжащ, псынщ1э дыдэу и фэ илъэхэр зэщ1икъуэжри, щ1эк1ыжащ. Нэрылъагъут, ар аф1эк1а хасэ щхьэк1э зыщ1ып1и зэрымык1уэнур.
Ц1ыху куэдым жа1ащ ар дыдэр, къэтэджурэ щ1эк1ыжар нэхъыбэщ. Щ1алэгъуалэм зыкъыхуагъэгусэу нэхъыжьхэм гукъанэ ящ1ахэщ, ауэ сэ къызэрыслъытэмк1э, гукъанэ щ1алэгъуалэм щ1ыхуэпщ1ын щы1экъым. Уэ унэхъыжьрэ, абыхэм сэбэп сахуэхъуарэт жып1эмэ, яхыхьэ, зыкъегъэц1ыху. Зэхуэс дапщэ ящ1рэ, псоми зэрызу щ1еджэн щы1экъым, гукъыдэж зи1э псори къреблагъэ. Ауэ ди нэхъыжьхэм аракъым ящ1эр, зыми къамыщ1эм нэхъ къащтэ, зыри лъэ1уак1уэ мык1уэн щхьэк1э, зыми сэбэп хуэмыхъун щхьэк1э. Куэдым сэлэмым ип1эк1э "зыгуэр ухуейуэ ара?" щыжа1эр нэхъыбэщ. Апхуэдэ нэхъыжьым сыт хуэдэ щ1эблэ къыщ1эхъуэнур? Зыри егупсысыркъым абы. Псори нобэрей махуэмк1э мэпсэур, пщэдей къэк1уэным емыгупсысу. Апхуэдэу псэуа дэ зэи дыхъунукъым. Ипэк1и зэрыжыс1ащи, ц1ыху къэс и унагъуэм деж щыщ1идзэн хуейщ Хабзэр хэпщэн, адыгагъэм щ1эгъэдэ1ун, псом нэхъапэу, езыр щапхъэ уи щ1эблэм ухуэхъуфын хуейщ. Пщ1ар зэрыбгъуэтыжынур пщымыгъупщэу псэун хуейщ.

1 комментарий:

Zalina комментирует...

Мис дэ ди адыгэхэр апхуэду зэхущытыжмэ,адрейхэр дэпхуэду къызэрытхущытынур? Ди жагъуэ зэрыхъунщи - щхьэж и щхьэ 1уоху зэрихуэжуращ.Крыловым и1эщ зы басня "Лебедь, рак и щука" - мис абы дырещхьщ.