пятница, 31 октября 2008 г.

Нысэ

Хэт сыт игу къэк1ауэ п1эрэ си тхыгъэм и щ1эдзап1эм щеджам? Хэти игурэ, и псэрэ къыдэк1ыу гуф1ащ, хэти хэщэтык1ащ, хэти хъуэпсащ, хэти нэщхъей къэхъуащ. Сыту псалъэжь куэд щы1э нысэм теухауэ: "Къуэ уи1эм, ныси уи1эщ", "Зыхэх си пхъу, зыхэщ1ык1 си нысэ", "Гуащэф1 нысэф1 хуэщкъым", нэгъуэщ1хэри. Иджыпсту занщ1эу псори сигу къысхуэгъэк1ыжынкъым, ауэ сигу къэк1ыжыр псори хэзгъэувэжынщ иужьк1э...
Нт1э, щ1эздзэнщ. Си щхьэм занщ1эу къизэрихьащ Хьэхъупащ1э Амырхъан и "Бохъшэ" усэм и щ1эдзап1эр: "Япэрей бохъшэр фэ к1апэт, бохъшэр зезыхьэм и напэт..." Иджы щы1э нысэхэм щхьэк1э апхуэдэ псалъэ гъэхуа куэд пхужы1энущ... Псалъэм папщ1э, 1) япэрей нысэр гъэсат, нысэр зызейр унат; 2) япэрей нысэр быныф1эт, лъэпкъыр абы дэбжьыф1эт; 3) япэрей нысэр 1умахуэт, гуащэм ар и нэ, и псэт... Зэпымычыжу ебгъэк1уэк1 хъуну 1уэхугъуэщ мыр, ауэ абдеж щыщызгъэтым нэхъыф1щ.
Мыдэ Думан Мурадин зы гушы1э и1эщ "Хъуэхъу" жи1эу. Мис абы зыгуэрк1э ещхьщ иджы ящ1 хьэгъуэл1ыгъуэр. Адыгэ хьэгъуэл1ыгъуэ ук1уа уи гугъэу, ауэ ук1элъыплъыжа нэужь Хабзи, нэмыси щымы1эу зэхэлъадэу, зэхэжыжщ. Иджы Хабзэщ1э къежьащ, ресторан, кафе хуэдэхэм я 1уэхур щызыф1эгъэк1ыу. Нт1э сытым щхьэк1э унэ "т1ощ1рэ-пщ1ырэ" пщ1ырэ, абы гуф1эгъуэр щумыгъэлъап1эным, ц1ыху абы хумыгъэхъуэхъуэным? Хьэмэрэ тепщэч мелуан къащэхунщи, ягъэувынщ. "Сыт пщ1ыну апхуэдизыр?", - жа1эмэ - "Алыхь си бын яшэ-къашэм къэс1этынум". Ауэ и нэ нэса иужь кафети, ресторанти жа1эри зыбгырок1ри псори зыф1агъэк1. Щхьэхынэ 1уэхугъуэу арауэ къызолъытэ сэ. Гуф1эгъуэм ухэту узэрезэшыр зыми щымыщу къысщохъур.
А псом ф1эл1ык1ыжауэ, Хабзэр зэрыхуейм хуэдэу яубзэ иджы. Унэ ишэр дауэ ящ1рэ? ЗАГСым кърашыжри, нысэр ресторан пщ1ант1эм дашэр, ит1анэ жылэри, къуалэри абы къыщ1эплъу, хэбгъэзыхьмэ щауэр джэгу гъунэм 1эгу еуэу щыту нысэр гуащэм, нэхъыжьхэм трашэр. Джэгуак1уэхэр ину "Адыгэ нысэ унэ идошэр" джэуэ щызэхэсхым деж, адыгэу къызралъхуам ф1эк1а, нэгъуэщ1к1э адыгэхэм ар епхауэ слъагъуркъым жыс1эну сыхуейуэ сохъур. Е и фащэк1э, е и щ1ык1эк1э, е и хьэл-щэнк1э адыгэм емыщхьыу... Сщ1арэт, хэт сыт хуэдэ унэм ирашэми? Ресторарыр зейр аращ зи унэри, ехъул1ауэ ф1эк1э сщ1эркъым абы и тетыр. Абы нысэу и1эм хуэдиз куэдым я1эу къыщ1эк1ынкъым. Хьэмэрэ хэт и гъащ1эм илъэгъуа нысащ1эм и лъэныкъуэр къак1уауэ зэхэту, я пхъур гуащэ зэрырапхым, нэхъыжьхэм зэрытрашэр ялъагъуу? Щауэ ишэжри арыххэу зыф1агъэк1ыр. Псоми я жьэр 1урыхуауэ, зи 1уэху щы1эми, зи 1уэху щымы1эми абы щ1эплъу, щауэ ишэж ящ1ыр. Хабзэм ещхь 1уэхугъуэр зэф1ок1ри, ит1анэ джэгу пэлъытэ гуэр яублэ. Мащ1э дыдэщ иджы утыкум дахэу, ек1уу къыщыфэфыр, иныкъуэм дежи и пщ1э епту ишжыныр нэхъыбэжщ. Дауэ ди щ1алэгъуалэр къафэк1э зрагъэщ1эным я зэман трамыгъэк1уадэми, иджыри джэгу дахэр нэсу тхуэублэкъым... Ауэ къафэк1и ящ1энуи хуейкъым, 1энэм т1ысрэ, зэ ф1ыуэ ефа иужьк1э.
Аурэ уоплъэри щауэмрэ, нысэмрэ зыбгъэдэту 1эгу еуэу джэгу гъунэм щыту уолъагъур. Иджы дыдэ сэ щыхьэт сытехъуащ апхуэдэм. Арати схуэмышэчу сыбгъэдыхьэри яжес1ащ: "Нобэризэм фэ т1ур 1эгу фемыуэми, фи хьэгъуэл1ыгъуэр дэха хъунущ". Тхьэм щхьэк1э я гуэныхь сыхуейкъым, зыкъащ1эжат. Иужьк1э нысэ ц1ык1ум жи1эу зыхызохыр: "Сщ1акъым ар емык1уу!" Сыт абы щхьэк1э пхужы1энур? Хабзэм хъырц химыщ1ык1ми, дэк1уэну хьэзыру къалъху иджы щы1э пщащэхэр.
Унагъуэ ихьа нэужь псори къызэхэк1а унагъуэм хуэдэ къызыхыхьа унагъуэр ищ1ыну хуожьэр. И унагъуэм и анэр тепщэу щытам, езыри тепщэ хъуну хуожьэри, узыпэщ1эувэным къеблагъэ!!! Аращи, мазэ бжыгъэ ф1эк1 дэмык1ауэ, а т1ур зыбгъэдок1ыжри т1ури гъэпк1ауэ къонэжыр. Мис апхуэдэ къэмыхъун щхьэк1э, пщащэхэм гъэсэныгъэ тэрэз ягъуэтын хуейщ. Ауэ жи1акъым адыгэм япэм: "Лъапэ махуэк1э къытхыхьауэ, лъэдакъэ махуэк1э я деж къыхэк1ауэ Алыхьым жи1э". Тыншкъым занщ1эу укъызыхыхьа унагъуэм уэхэсыхьыну, ауэ дауэ мыхъуми уи тэмакъыр хуэгъэк1ыхьын хуейщ куэдым. А щ1алэм уепсалъэну щ1эбдза къудейрэ, ар псом нэхърэ нэхъыф1у къэплъытэу хъуа иужьк1э ик1и абы и гугъэр жыжьэ зэрынэсыр, абы и унагъуэ уихьэну мурад ущи1эк1э, адэ жыжьэу уи гущ1эм зыщебгъэсэн хуейщ, уи гуащэм утраша нэужь абы "анэк1э" узэреджэн хуейр. Абы къилъхуа и къуэр тхьэмахуит1 ф1эк1а мыхъуу зэрыпц1ыхурэ "си псэ, си 1эф1, си нэху" щыжып1эм деж, а псор зыхуэфащэр ар зыгъэса адэ-анэр зэрыарар зыщыбгъэгъупщэм хуейкъым. Хьэуэ, иджы щы1э нысэхэм яхузыф1эк1ам я гуащэхэр зы1урагъэлъэдэнут, игъащ1эк1и ялъэгъуну хуейкъым. Ауэ апхуэдэ лей езыхэм я анэхэм къыщрахым деж, езыхэм я нысэхэм хуэшхыдэнущ, дунейм тет 1ейр ирапэсынущ. Аращи зыщыгъэгъупщэн хуейкъым "зыщ1эж щы1ам, зыл1эжи щы1энт".
Согугъэр ди пщащэхэр зыщ1эгупсысыжыну, ичрам къахьыжыну, къащ1эхъуэну щ1эблэм щапхъэ яхуэхъуфыну, ящ1ар зрагъуэтыжынур ящымыгъупщэжыну...

3 комментария:

Shrks Li комментирует...

гм, сэ здэркъым. Нобэрей зэманым ресторан хьэгъуэлIыгъуэр хуэ нэхъ тыншщ зыгуэрхэм деж. Унэ пщIантIэм щыемыкIущи ресторан пщIантIэм щрагъэкIуэкI щыгъуэм зэрыемыкIуу къэплъытэ хъунукъым, си гугъэмкIэ. Хабзэм хуэшынагъуэр нэгъуэщIщ.

Tembot комментирует...

Сэри жыс1эркъым ар емык1уу, Хабзэщ1э тхуэхъуащ жыс1эу аращ. Иджырей зэманым ц1ыхум гуф1эгъуэ щи1этын фэтэр тэрэз имы1энк1э хъунщ, сэ абык1э жыс1эну сызэхуейр къек1уэл1эну ц1ыху псори зэщ1эхуэн фэтэрщ, армыхъуамэ нэгъуэщ1къым....Ауэ ц1ыхур къуажэдэсу, лъэпкъ хэсу, а гуф1эгъуэр къуажэм дахрэ, къалэм ресторан гуэрым щыщащ1ым дежщ. Сыт абы къик1ыр? си гъунэгъухэри дэнэ фык1уэжын? сэ сыкъывгуры1уэнщ, гуф1эгъуэм си благъэрэ, си благъэщ1эмрэ ф1эк1а зыми сыщахуейкъым....Хьэмэрэ къалэдэсу, щ1ым тет унэ зи1эхэми ар дыдэр я дагъуэщ...

Shrks Li комментирует...

нтIэ ар содэм)))