четверг, 30 октября 2008 г.

Бжьыхьэ.....

Нобэ мычэ-мыфэу нэху сыкъек1ащ. Дунейр уфат, бзухэр щымт, ц1ыхухэми я щхьэр пыхуауэ лэжьап1эм к1уэрт. Сыхуейтэкъым сэри а псом сакъыхыхьэну, лэжьап1и сык1уэну. Зык1э ф1ыуэ слъагъуркъыми сэ мыпхуэдэ махуэхэри, зыри сщ1эну сыхуейкъым. Зы тхылъыф1 1эрылъхьэ сщ1ыуэ, шхын хуабэ 1эф1 си хьэкум тету, си махуэ псор зыри зэран мыхъуу згъак1уэну ф1эк1а. Ауэ дэнэ къипхын апхуэдэ ф1ыгъуэ? Хэт сомыр къэзмылэжьауэ къызитын, хэт щ1акхуъэ 1ыхьэ къысхушиин? Зэи-т1ои ц1ыхум сэ япэм яхуэсщ1ам ипкъ итк1э, псалъэ жамы1эу ар сэ къысхуащ1энущ, ауэ т1ур щы хъурэ, щыр пл1ы хъумэ, зыми ар къысхуидэнукъым, иджыи къытемыхьэлъэу къысхуищ1энукъым. А псом сегупсысри, зызгъэхьэзырри, акъужь щ1ы1эм сыкъыхэуващ, мэлым хуэдэу ц1ыху 1ув зэхэту к1уэм яужь сиувэри....
Арати гъуэгу сыздытетым, тхылъ сызэджмэм си нэр къытесхри, си хъуреягъымк1э зысплъыхьащ....Си ф1эщ хъуртэкъым иджыри къэс дунейм и дахагъыр сымылъэгъуауэ...Бжьыхьэ дахэкъэ-т1э мыгъэрей бжьыхьэр? Тхьэмпэ щхъуэк1э-плъык1эм уи нэр тепщ1ыпщ1ык1ыу, узрамыгъэплъу дахэщ, жыгыщ1э ц1ык1ухэр пц1анэ хъуащи, сабий зи ныбжьыр илъэсих-илъэсиблым итым ещхьхэщ. А сабий ц1ык1ухэм емрэ-ф1ымрэ зыхащ1ык1 хъуа къудейуэ, ук1ытэр къыпкъырыхьауэ, я щ1ыфэ ц1ык1ухэр пц1анэ хъуа нэужь зэрыук1ытэм езгъэщхьащ а жыгыщ1э ц1ык1у гупыр. Абыхэм пагэу жыгыжь нэхъ инхэр къащхьэщытщ, пщ1э лейрэ, нэмыс лейрэ зыхурагъэщ1у. Ахэми я джанэхэр, я бостейхэр яхъуажын хуей хъуащ. Мыдэк1э щ1ымк1э укъеплъыхмэ щ1ылъэ пщ1ант1эм тхьэмпэ зэмыхь защ1э хэпхъауэ жыгхэм я лъабжьэм щ1элъщ. Я зыныкъуэ жыгхэр ещхьщ зи ныбжь хэк1уэта бзылъхугъэхэм, ауэ я ныбжьыр адрейхэм кърамыгъэщ1эну хэтхэурэ, быдэу я напэм штукатур иратурэ, дунейм къытехьэхэм...
А псор зыпэслъытщ абыжми, си дэрэжэгъуэми зихъуэжащ, лэжьап1эри сф1э1эф1 хъужащ, ц1ыху насыпыф1эуи зыкъэслъытэжащ.

1 комментарий:

Shrks Li комментирует...

.))))