суббота, 25 октября 2008 г.

Пьесэм куэдым сригъэгупсысащ

Сэ иджыпсту пьесэ гъэщ1эгъуэн сыкъеджащ. Абы и ф1эщыгъэц1эр "Нагъуэ и унагъуэр". Икъук1э сигу ирихьащ. Пьесэр к1эщ1 дыдэщ, нап1эк1уэц1 22-м ихуащ. Ауэ дауэ мык1эщ1ами, к1упщ1эшхуэ зыхэлъ тхыгъэщ ар. Ар топсалъыхьыр унагъуэм исхэм я зыхущытык1эм, я дуней тетык1эм... Унагъуэм и нэхъыжьыр тутнакъым исащ илъэсийк1э и шы нэхъыщ1эм и п1эк1э. Гугъэт ар, и шы нэхъыщ1эр тутнакъым щихъумэм езыр "берычэт бесын" игъуэтыжыну, шы нэхъыщ1э щ1эныгъэм хуэпапгъэм и гъуэгур зэпимыупщ1ыну, лъэпкъым и ц1эр ф1ык1э абы жригъэ1эну. Ауэ тхыгъэм къызэрыхэщымк1э, зыри шы нэхъыщ1эм къыгуры1уакъым. Анэ 1эрызехьэ къыщ1энауэ, нысит1 унэм щ1эсу, ар зезыхьэн медсестра къащтэри, абы зрыгъэхьащ. Куэдым иджыспту ар зыхахмэ жа1энущ "нт1э сыт абы щхьэк1э?! хэт и анэ дэ зетхьэн хуейр? къилъхуа и бынхэм ар щамыщ1эк1э?!" Апхуэдэ бгъэдыхьэк1э и1эн хуейкъым ц1ыху хуэдэ ц1ыхум. Абы къилъхуа къуэм пф1э1эф1у ущыбгъэдэскъэ, абы и лъэпкъым, и унагъуэм епха псори апхуэдэпсу пф1э1эф1у щытын хуейщ. Ит1анэ куэд сигу къигъэк1ыжащ а тхыгъэм. Си анэм и анэм си шыпхъухэр зыхуигъасэу щытар сигу къэк1ыжащ. Пшапэр зэхэуа иужьк1э, 1уэху кърахьэл1эрэ, унэм къек1уэл1эжа нэужь, ахэр зригъэт1ысыл1эти яжри1эт: "Зи ц1эр ф1ык1э къра1уэн, си дыгъуэ нурхэ! Гъащ1эр гугъущ, гъащ1эм куэдым ущы1уощ1эр, ауэ сэ сыарэзыкъым, фэ фи гуащэхэр арэзы фымыщ1ым, лъэпкъ фызыхыхьэр фэркъэ мыгушхуэм, фэ абы и дамэ фымыхъумэ. Фи анэхэми, сэри зыри къысхуэвмыщ1э, фи гуащэхэр мыарэзыуэ"....

Комментариев нет: