пятница, 2 апреля 2010 г.

Псэлъыхъу

Хэт дауэ къыгуры1уэрэ а псалъэм и мыхьэнэр? Щхьэ «псэлъыхъу», мы «п1эщхьагъ лъыхъуэ», мы «щхьэгъусэ лъыхъуэ»? Адыгэ псалъэжьым же1эр «Псэм ф1э1эф1ыр, нэм ф1эдахэщ», арауэ п1эрэ-т1э псэм нэхъ мыхьэнэшхуэ щ1ратыр?Сыт хуэдэ хабзэу щыта ар, хэт псэлъыхъу зыгъуэту щытар? Хэт псэлъыхъу хъууэ щытар? Зэхэгъэж, нэф1ней щы1эу щытамэ, дауэ ар а ц1ыхум къыгурагъа1уэу щыта? Упщ1эр нэхъыбэ хъу ф1эк1а, нэхъ мащ1э хъуркъым.
Илъэс зыбжанэ ипэк1э къыдэк1а псалъалъэм къыдетыр мыхьэнит1: Псэлъыхъу - 1) щхьэгъусэ ищ1ын ц1ыхубз щ1эупщ1э ц1ыхъухъу; 2) лъыхъуак1уэ, щ1эупщ1ак1уэ (къишэну ц1ыхубзым деж).
Адэк1э щ1эныгъэл1хэм я лэжьыгъэхэм сахэплъэурэ, Маф1эдз Сарабий, щ1эныгъэл1 нэхъыщхьэм и 1эдакъэщ1эк1ым мыр къыщызгъуэтащ: «Щ1алэм хъыджэбзыр игу ирихьарэ хъыджэбзыр мыпэрыуэгъуу щытмэ, абы я зэхуэзэным, зэрихьэл1эным 1уэху пылътэкъым, сыт щхьэк1э жып1эмэ, пасэм щыгъуэ адыгэхэм я1ащ хъыджэбз лэгъунэ, пщащэ унэк1э еджэу. Абы бжэ щхьэхуэ хэлът, нэхъыжьхэм укъамылъагъуу ущ1ыхьэ хъуну. А пэш лейм – пщащэ унэм щ1алэхэр къак1уэурэ хъыджэбз дэсхэр трагъэуныр, абы бгъэдэсыныр зык1и емык1утэкъым».
Ар псор блэк1а 1уэхущ, щымы1эж ф1ыгъуэщ зэрыжа1эу. Ауэ хэбгъэзыхьмэ Черкесск дэс ди адыгэхэм а Хабзэр хъу мыхъуми я1ыгъщ иджыри къэс. Дауик1 япэрей Хабзэм ар къыщхьэщок1ыр, ауэ и мыхьэнэр къызэтонэр. Иджы къызэрыщ1идзыжамк1э, нэгъуэщ1 мыхьэнэ игъуэтащ «псэлъыхъу» псалъэм. Гъэщ1эгъуэн куэд зэхэсхащ, слъэгъуащ иджырей «псэлъыхъум» и мыхьэнэр сыт хуэдэми. Аращи псоми хуэм-хуэмурэ сытепсалъыхьынщ.
Илъэс иримыкъу ипэк1э зы адыгэ гуп ц1ык1у «гъуэзыр къащхьэщихыу» къэунэхуауэ зэхэсхат. А гупым ц1эуэ зэрихьэр «Хабзэм и нурщ». Абыхэм япэу я хъыбар къыщы1уар ди щыгъуэ махуэм ирихьэл1эу митинг ирагъэк1уэк1ам иужьк1эщ. Заул дэк1ри абыхэм иджыри зы зэхьэзехуэ ирагъэк1уэк1ат. Гъэмахуэм и к1эм нэблэгъауэ зи лъэ вакъэ изылъхьэ псори зы ящ1ри, ныджэм к1уащ зэщагъэпсэхуну. Тхьэмахуэ зыбжанэк1э узэ1эбэк1ыжмэ си ныбжьэгъухэр «Хабзэм и нурым» иужьрейуэ Къурмэным ехьэл1а зэхуэс ящ1ам тепсалъыхьыжу зэхэсхащ. Си ц1ыхугъэ гуэрхэр а яужьрей 1уэхугъуэм хэтати, щытхъур хуа1этырт, фоупсыр кърагъэжэхырт, дунейм тет ф1ыгъуэр хужа1эт. Сщ1эртэкъым сэ си псэм а «гуп ц1ык1ур» къыщ1имыщтэр, моуэ дзыхь хуэзмыщ1у щытт. «Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэр», жа1эркъэ? Мыбыхэми «Дэ ды мыра, ды мора» жа1эрти, зы хилагъэ гуэр 1эмал имы1эу я 1уэхум къызэрыхэк1ынур на1уэт. Си щхьэк1э я ф1и, я 1ейи слъэгъуатэкъыми, зыри жыс1э хъунутэкъым. Сегупсысырт «мыбыхэм иджыри зы 1уэхугъуэ гуэр къыдахыу, сахыхьэу я зыхэтык1эм сеплъарэт». Си гум къишхыдык1ам хуэдэу, си ныбжьэгъухэм хъыбар сагъэщ1ащ, апхуэдэ 1уэхугъуэ куэд мыщ1эу «Хабзэм и нурым» къыдахыну къызжа1ащ. Ари къызэрыгуэк1 зэ1ущ1эу щыттэкъым, ат1э «Псэлъыхъу» тематикэр зэрихьэрт. Сщ1эркъым си гум щ1ы1э-щ1ы1эу къыщ1эк1ар абы зыри къимык1ыну, зэхэлъадэу зыбгрыжыжыну, ауэ си ныбжьэгъухэм: «Хьэуэ, унэмык1уэу хъунукъым, ар уэ плъэгъуакъым, ахэр пц1ыхукъыми аращ. Ф1ыми 1ейми уэ езым зэбгъэлъагъунщи, ит1анэ плъэгъуар къызэрыпщыхъуам утепсалъыхьыжынщ». Сытыт абы дыщ1ыбгъунур? Арэзы сытехъуэри, ягъусэу садэк1уэну дызэгуры1уащ.
Зэ1ущ1э махуэр къэсащ. Дунейр хуабэ къэхъуат, ауэ уэсыр увы1эгъуэ имы1эу къесырт, иныкъуэхэм хьэжкурийуэ ирихьэжьэрти, нэгум кърипхъэрт. Уэсыр куу дыдэу телът, гугъуехьыр птелъу узек1уэф къудейт. Пэжыр жыс1энщи, сигъэщхьэхыжат дунейм и щытык1эм зыщ1ып1э сык1уэну, ауэ псалъэ пта нэужьк1э ухуей ухуэмейми ар бгъэзэщ1эн хуей мэхъур. Сыхьэтыр зым зэ1ущ1эр щ1идзэну жа1эри, щыжа1а зэманым ирихьэл1эу щ1ып1э щек1уэк1ынум дынэсащ, уэсым дигъэлъэпэрапэрэ, жьым дриуду;) Сызэригугъам хуэдэуи, ц1ыху къек1уэл1эн хуейр къэмысауэ, къэсахэри щ1ыхьэп1эм деж щызэхэту ды1ухьащ. Пщащэ зэхэтхэм сахэплъэри занщ1эу сигу къэк1ыжар Думэн Мурадин и гушы1эм щыщ пычыгъуэ «...ц1ыхубзхэм гъы хуэдэу защ1у, я 1упсыр нэпс ящ1у...». Псори зэуэ нэмысыф1э дыдэ хъуат, я нап1эхэр къел1ыхауэ, щэхуу псалъэрэ, къыпыгуф1ык1ыу щытхэт, хэти и хьэл «ехьэжьар» имыгъэпщк1уу ину кърик1утырт, ц1ыху блэк1ым гу къылъитэн щхьэк1э. Сытми псори зэрыщ1идзэр адрейр псори зэрыщ1идзам хуэдэут. Зы зэман гуэр дэк1а нэужь, псори зэ1ущ1эр щек1уэк1ыну пэшым драгъэблэгъащ. Билетхэр щащэм щыгъуэ, псоми я ц1э, унэц1э, адэц1эр ятхат. Билет къэск1и бжыгъэц1э традзат. Ауэ ц1ыху псори зэуэ щ1ыхьэну щыхуежьэм, тхауэ здитымрэ, я билетхэм тет бжыгъэц1эхэмрэ зэтемыхуэу къыщ1эк1ри, зэхэвэ-зыхэжьэ къэхъуащ. Сытми ди унэц1эхэр езым къэдгъуэтыжри, къэт 33-м дыдэк1уеящ. Псоми бжыгъэц1э щытетым си гугъащ ди т1ысып1эхэр гъэхуауэ ди1эу, ауэ щхьэж къылъыс т1ысып1эр иубыдын хуейуэ арат. Абы щыгъуэм сыхьэтыр т1ум нэсак1эт. «Адыгэ зэхуэс» жыхуа1эжыр аракъэ?! Зэи и зэманым ди ц1ыхухэр сыт хуэдэ зэ1ущ1эми къеблагъэкъым. Сытми дыт1ысащ сценэм нэхъ пэгъунэгъуу, ари зауэк1э къэдыубыда т1ысып1эт. Япэ сатрит1ым ягъэт1ысар нэхъыжь къек1уэлар арат. Адэк1э хэт дапхуэдэу т1ысми хъунут. Сытми ди иужь ит сатырым тесу хъуар пщащэ защ1эт. Арати тэлай дэк1а нэужь зэхызохыр:
- Еплъыт, еплъыт, мо къех щ1алэм.... Ар зык1э дахэщи, аракъэ?
- Кхъы1э ск1эрык1ыт, - жи адрейм, - дауэ зыпщ1рэ щ1алэ умылъэгъужа нэхъей
- Тех сурэт зо абы, щхьэ ущыс?!
- Делэ ухъуа, плъагъуркъэ, абы и закъуэкъым, емык1ур-щэ...
- Алыхь, уэрам делэр, къэхь мыдэ сурэттехыр, сэ езым тесхынущ
Ари ину, псоми зэхахыу, и куэм теуэу, къыщылъэт т1ысыжурэт зэрыжи1эр....
Зыри жызмы1эу, щэхуу сахэплъэрт. Дыкъыщыщ1ыхьэм зэхэта пщащэхэр к1уэдыжам хуэдэт, псоми я гур къызэрыгъуэтыжауэ, зэрызащ1ар ящыгъупщэжауэ, хэт сыт хуэдэ хьэл-щэн хэлъми тэрэз дыдэу къигъэлъагъуэт. Зэманыф1 дэк1ауэ, зы щауэ гуэр сценэм къихьэри, псори дыкъыщ1ызэхуашэса щхьэусыгъуэр къи1уэтащ.
- Сэ Кертыхэ сащыщщ, Тэлостэнщ си ц1эр. «Хабзэм и нурым» сритхьэмадэщ, - жи1ащ абы. – Дэ дыджэгуак1уэкъым, дэ дыкъэфак1уэкъым, дэ Хабзэр хъумэным, Хабзэр щ1алэгъуалэм едгъэщ1эным, ди тхыдэр тхъумэжыным, ди адэжьхэм я щ1эин дыхъунум дытелажьэу аращ. Иджыпсту дэ езым тщ1ыжауэ зы фильм федгъэплъынущ, ит1анэ джэгур дыублэнущ.
Махуэт иджыри, проектор щ1агъэнам хъырц щыплъагъуртэкъым, макъри щэхути жи1эри тэрэзу зэхэпхыртэкъым, ауэ зэ и макъым зихъуэжакъым. Мыдэ гук1э зэгъэщ1а усэ гурымыхь гуэр къеджэ къыпф1эщ1ырт. К1эщ1у жып1эмэ, си ар гурыхь сщыхъуакъым. Иджыри къэс траха документальнэ фильмхэм 1ыхьэ зэрызу къыхахыурэ зы фильм ящ1ыжри, пщащэ макъ щ1агъэувэжауэ аращ. Ар здэнут, дымылъэгъуауэ щытамэ мызэ мыт1эу. Ар зэф1эк1ри зы щауэрэ пщащэрэ къэфэну къихьащ. Щ1алэр иджыри къат е 33-м къыщыдэмык1уеям щыгъуэ, щыгъын щат щ1ып1эм деж фащэ щыгъыу щыслъэгъуати, пщащэ гупым яхыхьэри 1эпл1э бак1э игъэпщ1ащ, а къедзам щыта псори. Иджы соплъри и бгъэр шэрхъыу къигъэк1ауэ «адыгэ щ1алэжьыр» къофэри утыкум итщ... Къафэр зэф1эк1ри, зы щ1алэ сценэм къихьэри жи1ащ:
- Нэмэз зыщ1 къыфхэтмэ, пэш щхьэхуэ щы1эщи фынак1уи абы нэмэз щыфщ1
Ар псори гуры1уэгъуэщ, нэмэз зи чэзу къэсар и зэманым пщ1ымэ, ар 27-к1э нэхъ лъап1эу къыщок1уэр Хьэдисым. Ауэ сэ 1эмал имы1эу къэслъытакъым пщащэхэри, щауэхэри загъусэ хъууэ нэмэз ящ1ыну. Нэмэзым и уахътыр блэк1тэкъым, пщащэхэр иужьк1э щ1ыхьэу я нэмэзыр ящ1ами зы ягъэ к1ынутэкъым. Ауэ ар щхьэж и 1уэхужщ, сэ абы унафэ тесщ1ыхьыркъым. Ит1анэ джэгур зыпагъэури, аргуэру нэмэзым и уахътыр къызэрысар жа1ащ. Нэмэз зыщ1 дэтхэнэми а зэманым к1элъоплъыр, имыгъэгъуащэу и нэмэзыр ищ1ынущ. Ар т1эк1у къемызэгъыу къэслъытащ. Док1уэр адэк1э.
Джэгур яублащ, зы лъэныкъуэмк1э пщащэхэр, зи лъэныкуъэмк1э щауэхэр, джэгум и Хабзэм тету ирагъэк1уэк1ыну хуежьащ, ауэ зэхэвэ-зэхэжьэ зэрыгъэхъужри псори лъэлъэжащ। Нэхъыжьхэр ет1ысэк1ауэ жьант1эмк1э дэст. Сэ мыдэк1э сыкъыхэк1ауэ щ1алэгъуалэм сак1элъыплъырт, жа1эхэм седа1уэрт. Ди пщащэхэм хуэдэу щ1ык1эншэ куэд бгъуэтынкъым. Дауик1, хэти хуейт абы псоми гу къылъатэну, арати хэт сыт нэхъ к1эщ1рэ, зэврэ, ц1уурэ, къихарэ, 1ушэрэ, задэрэ и1эми щат1эгъат. Сэ жыс1экъым и нэхъыбап1эр апхуэдэу хуэпауэ щытауэ, ауэ хэтт апхуэдэ «тхьэ1ухуди». Соплъэри, зэф1эуэ зэф1эпк1эу пщащэ гуэр къак1уэрт. лъагэф1т, езыри лъэдакъэ лъагэ тетт. Ц1ыхухэм абы хуэдэхэм щхьэк1э «шыжь хуэдиз хъууэ» жа1эр. И щхьэцыр фит1у лат – хужьрэ, ф1ыц1эу. Думэн Мурадини жи1ащи «Ди къуажэ штукатур зыщ1хэр ф1ыуэ я напэм елэжьа хуэдэт». И к1э т1эк1ури зы бгырыпх бгъуэф1 хуэдизт зэрыхъур. Сытми къак1уэри си пащхьэ къит1ысхьащ ар. Сагъызыр жгъуах-сых жи1эу игъэныщк1уу. Моуэ и пкъыр щ1игъуэхури, шэнтым къиук1уриящ, и лъакъуэхэр зэтридзэри и бгъумк1э щысхэм моуэ ней-нейуэ яхэплъэри игъусэ щ1алэхэм яжри1ащ: «Мыра мыбы нэс сыкъыщ1эфлъэфар? Мы колхозник гупыра сызэвгъэплъынур? Ахэр къуажэми щызлъагъут сэ». Игъусэ щ1алэхэри сыт хуэдэт?! Зым и гъуэншэджыр и лъэгуажьэм нэс къек1уэтэхати, щыхурэ, абы хуэдэу дарэ къызгуры1уакъым. Езым и щхьэц цырхъри к1ыхьыу гъэк1арэ, абы быдэу пы1э щхьэщыкъуэзэжауэ. Ет1уанэм и теплъэр нэхъ гъэщ1эгъуэныжт. Абы и теплъэм нэгъуэщ1 зыри къигъэлъагъуэтэкъым, мыдэ 1уэм итауэ, 1эщыр игъэзэгъэжыу къик1ыжа къуажэ щ1алэжьым ф1эк1а. И гъуэншэдж лъапэхэр щыгъ вакъэм дэупщ1арэ, к1агуэ дыта щыгъыу... «Мыбыхэм адэк1э ящ1энур сыту п1эрэ», жыс1эу сак1элъыплъырт. 1энэхэр трагъэува нэужь, а ет1уанэр 1энэхэр здэщытымк1э ек1уэк1ри 1эгум илъу шхын къахуихьащ мыдрей т1ум... Псалъэншэ сыхъуат! Сытми щ1алит1ыр шхахэщ, мыдрей хъыджэбз ягъусам и акъылыр хурикъуащ 1э ф1ейк1э къахьа шхыныр имышхыну. Адэк1э соплъэри зы пщащэ, шхэн зэф1эф1 гуэр, к1э к1эщ, къекъузэк1ауэ щыгъыу и лъакъуэр лъагэу и1этри, нэхъыжь щысхэм ебакъуэри, я щ1ыбагъ къыдэуващ. Сэ а нэхъыжьхэм я п1э ситар, а лъакъуэ дрихьеям сеуэри къедзыхат. Арат абы хуэфащэр, аф1эк1э гъэсэныгъэрэ, акъылрэ мыбы щимы1эк1э! Ауэ а нэхъыжь абдеж щысам къримыгъэк1уауэ ара къыщ1эк1ынщ. Абы и жьэр къит1ыщ1 нэхърэ, зыри жимы1эу, къэтэджу 1ук1ыныр нэхъ къищтауэ къыщ1эк1ынщ
Джэгур ек1уэк1т хуэмурэ. Хьэтияк1уэми и къарур пэлъэщтэкъым а зэхуэса гупым. Хьэтияк1уэм зы же1эр, абыхэм нэгъуэщ1у ящ1эр. Къэфэну хуейр куэдщ, утыкум ихьам ик1 ищ1эжкъым. Утелъадэу утыкум итыр къыпхуишыжкъым. Пщащэхэр зэзэужыным нэсауэ, чэзур яхуэмыгуэшу джэгу гъунэм 1утхэт. Мыдэк1э щ1алэхэр къакъэ пщ1ыпщ1у щызэхэтт, пщащэхэм нэхърэ нэхъ 1ейуэ ялъагъу псоми тепсалъыхыу, 1эпэр яшиурэ, абы иридыхьэшхыжу. Зы зэман дэк1ауэ Тэлостэныр утыкум къихьэри тхыдэм теухауэ упщ1эхэр итын щ1идзащ. Упщ1эхэр гъэхьэзыра хъуатэкъым. И нэхъыбэр зауэ зэман теухуат. Зымыщ1эри нэхъыбэт. Ауэ ар зрамыщ1эм щхьэк1э ц1ыхум ебыудэк1ын хуейуэ къэслъытэркъым. Апхуэдэ щ1эныгъэм хуэпабгъэр мащ1эщ. Сыхуей хъумэ, сэ езым ар къэзгъуэтыжынщ. Ауэ уэ зэхуэсым «Псэлъыхъу» жып1эу ц1э щептак1э, а хабзэм теухуа упщ1э гъэхьэзыр. Е джэгур щ1имыдзэ щ1ык1э а упщ1эхэр ты. А зэхэвэ-зыхэжьэм ук1ийуэ уахэмыту.
К1эщ1у жып1эмэ, зэхуэсыр гурыхь сщыхъуакъым. Ныкъусаныгъэ куэд щыслъэгъуащ. Зэхуэсми псэлъыхъутэкъым ф1эсщынур, 1ухи банэ теп1эт нэхъ къек1ур. Куэдым жа1энущ «зыри ямыщ1 нэхърэ, ари нэхъыф1щ», ауэ ар апхуэдэу щытын хуейкъым. Утыкум укъихьэну мурад пщ1амэ, хуэфэщэн напэ уи1эу къихьэ, сыт хуэдэу укъызыхыхьэну гупыр щымытами. Псалъэжьми зэрыжи1эщи «Утыкум зэрихьэр лъапэщи, къызэрик1ыжыр напэщ». Апхуэдэ зэхуэс къэбублэну ухуеймэ, къомыгъэлъагъуэ япэм щы1а щ1алэ хахуэхэр, къэгъэлъагъуэ иджы ди1э щ1алэгъуалэр. Ди мыхъумыщ1агъэр сэтей къэщ1, абы дызэрыхуэмык1уэн хуейр къэгъэлъагъуэ, ди пщ1эр зэрытхъумэным иужь дызэритыным хуэгъасэ къек1уал1э псори. Хуейкъым абы щхьэк1э Хэкужьымк1э ук1уэу абы щагъэлъагъуэ мыхъумыщ1эр на1уэ къэпщ1ыну, мыбы, Мэзкуу дэсхэм ящ1эм и 1ыхьэ щанэр на1уэ къэпщ1ми, уи напэр сыным урикъунущ. Жы1э ди щ1алэгъуалэм мыбы дэс урысхэм я хьэлыр къызэращтар, ук1ытэ ямы1эжу 1эпл1э бауэ метром жылэр къащ1эплъу зэритыр, зэрегъафэрэ хэт и жып ди1эбэн жа1эу, я нэхэр зэбгырыжу а метро дыдэм зэрисыр, хьэмэрэ хъуэныр къа1урылъэлъу, адыгэбзэк1э абы ф1эк1а псалъэ ямыщ1э хуэдэ гуп-гупу зэрызэхэтыр.... Щапхъэ къэпхьыну ухуейм, гъунэжщ. Хьэмэрэ ди щ1алэхэм урыс пэшэгъу я1эрэ, абы я1ыгъ ц1ыхубз сумкэхэр я «жьэм жьэдэлъу» къызэрырахьэк1ыр. Сэ зыри згъэкъуаншэу аракъым, ауэ аф1эк1а зи щхьэ пщ1э хуэзмыщ1ыж лъэпкъым, къильэжыр зыщ... к1уэдыжынырщ! Упщ1э птынрэ, зэпеуэ уи мурадмэ, къыхэпха тематикэм тещ1ыхьауэ упщ1эхэри гъэхьэзыр, абы теухуа Хабзэм тепсэлъыхь, иджы дызыхуэк1уар къыжы1э. Апхуэдэ зэхуэс щыпщ1к1э, 1эмалыншэкъым псори умыгъэшхэну. 1энэр нэхъыжьхэм яхуэбухуами, мыдрей щ1алэгъуалэр 1ыхьэншэу къанэми бэлыхьышхуэкъым. Занщ1эу псори хъуэжа хъунукъым, ар тщымыгъупщэу дыпсэун хуейщ. Япэ щ1ык1э дэ езым зытхъуэжын хуейщ, ит1анэ къыддалъхуар, къыддэхъуар, дэ езым къытщ1эхъуэр. Зыми жи1экъым Хабзэжьыр зэрыщыта дыдэм хуэдэу хъума хъуну, ауэ дауэ мыхъуми а Хабзэм т1эк1у зихъуэжми, Хабзэщ1э къэдмыгупсысу дывгъэпсэу. Ди1э мащ1эр нэхъыф1 тхуэщ1мэ, ди насыпщи, абы дыхущ1эвгъэкъу. Ди 1ейр дымыгъэпщк1уу, ди ф1ыр дымыгъэпудыу дызыкъуэвгъэт.

1 комментарий:

Shrks Li комментирует...

Мурадыф1 я1ауэ хъунщ а щ1алэгъуалэр, "Хабзэм зи нур", сытыми. Абыхэм ф1эк1 дапхуэдэу щымытами хэт иджы мыбы хуэдэ зыгуэр езыгъэк1уэк1ыр?
Ауэ сытыми культурные технологии щы1эщ ауэ ди "хэкурэ хабзэрэ" зи 1ум 1ут щ1алэгъуалэр политтехнологии нэхъ къащтэщ иджы къыздэсым, зэрысщыхъум хуэдэ.